ЛЪАГАПIЭХЭМ ХУЭКIУЭ ЛЪАГЪУЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Лъэпкъ Музейм иджыблагъэ щагъэлъэпIэжащ.

ГуфIэгъуэ пшыхьыр къызэIуихащ КъБР-м и Правительствэм и къуэдзэ Хъубий Марат. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, езыми къабгъэдэкIыу абы хьэщIэхэм фIэхъус гуапэ ярихри, зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ущIэгушхуэн щхьэусыгъуэ дахэкIэ зэрызэхашар къыхигъэщащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм укъызэщIеIэтэ, абы ди щIыналъэм пщIэрэ щхьэрэ щызиIэ цIыхушхуэхэм я цIэхэр къызэрыщраIуам, яхуэфащэ дыдэу къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ. Нобэрей махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и интеллигенцэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, лъэпкъ щэнхабзэм дежи махуэшхуэщ. СурэтыщIым дунейр цIыху къызэрыгуэкIым зэримылъагъу нэкIэ къехутэ, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ нэрымылъагъу лъагъуэхэр IупщI ещI. СурэтыщIым дызыхигъаплъэ дунейр загъуэрэ щIагъыбзэкIэ ухуами, ди щытыкIэр, ди псэукIэр, ди гугъапIэ-гуращэхэр къаIуатэ, ар зэхэзыщIыкIыр иузэщIу, иунэтIу, иущийуэ. Зи цIэ къраIуа Црым Руслъанрэ ГъущIапщэ Арсенрэ я гуащIэдэкIкIэ, зыми емыщхь я дуней лъагъукIэкIэ цIыхум и фIылъагъуныгъэри къалэжьащ, ди щIыналъэм и гъуазджэм и зыужьыныгъэми я гуащIэ халъхьащ. Гуапэщ апхуэдэ цIыхухэм ягъуэт гулъытэм хэгъэгур зэрыдэбжьыфIэри. ЩIалэхэр ефIэкIуэну, нэхъри ехъулIэрэ я IэдакъэщIэкIхэм я хъер ялъагъуу псэуну си гуапэщ», - жиIащ Хъубий Марат, къызэгъэпэщакIуэхэм сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм хуащIа гулъытэм щхьэкIэ пщIэ яхуищIу.

АдэкIэ псалъэр иратащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. ЦIыхухэр зэхуэзышэса щхьэусыгъуэр езым дежкIэ къызэрымыкIуэу зэрыIуэхугъуэшхуэр къыхигъэщащ абы. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэм ящыщу иджыри къыздэсым цIыхуитхут академик цIэр зиIэр. Иджы а бжыгъэр блым нэсащи, ину ущIэгушхуэн, уи щхьэри лъагэу щIэплъэгъужын щхьэусыгъуэ ирокъу. Црым Руслъанрэ ГъущIапщэ Арсенрэ я гуащIэ и шхыгъуэ ихуэу узыншэу куэдрэ лэжьэну си гуапэщ, нобэ здынэса лъагапIэр къызэрыкIуэ лъагъуэрэ ар гъуэгушхуэу зыубгъужын ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэну сахуохъуахъуэ», - жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.

Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием и вице-президент, академик Бобыкин Андрей къэкIуащ гъэфIэж пшыхьым. «Фи цIыхухэр зэрыхьэлэмытэр, зыми зэремыщхьыр фи сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм нахуэу къаIуатэ. Дунейр гъэщIэгъуэн гуэру умылъагъумэ, ар зэрызыхэпщIэ гур зыпсыхь лъэпкъ гупсысэр щхъуэкIэплъыкIэу зэщIэмыжьыуэмэ, Црым Руслъанрэ ГъущIапщэ Арсенрэ я IэдакъэщIэкI телъыджэхэр дымылъагъункIи хъунут. ЩIалитIми я IэдакъэщIкIэхэм зыщыщ лъэпкъым и фащэр ящыгъщ, ауэ ар апхуэдизкIэ дунейпсо гъуазджэм екIуу хозагъэ, дахэу хоувэри, зы вагъуэу къыхолыдыкI, дэри абы пщIэ худощI», - жиIащ Бобыкин Андрей.

Апхуэдэу хьэщIэм Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием и Президент Церетели Зураб КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэгъэза фIыщIэ псалъэм къеджащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъуамкIи ехъуэхъуащ.

СурэтыщIхэм я зэпеуэм къыхэжаныкIа адрей сурэтыщIхэми, ахэр цIыхуий хъурт, фIыщIэгуапэ тхылъхэр иратыжащ. Тхылъхэр абыхэм яIэригъэхьэжащ Налшык къалэ щекIуэкIа гъэфIэж пшыхьым и къызэгъэпэщакIуэ, Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием и член-корреспондент Ступин Сергей. Абы зэIущIэм къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэр дяпэкIи зэрырагъэкIуэкIынур, абы щIалэгъуалэ нэхъыби хашэну мурадхэр зэраIэр.

«Си щхьэкIэ срогушхуэ мыпхуэдэ зэхыхьэ дахэм сыхэтыну Iэмал зэрызиIэм щхьэкIэ. Зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ къызэдгъэпэща гъэлъэгъуэныгъэри гъуазджэм и ефэ-ешхэ Iэнэшхуэу къэплъытэ, полистилизмкIэ дызэджэ унэтIыныгъэм и джэгуу ухэплъэ, XXI лIэщIыгъуэм и гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэу бгъэув хъунущ. Нобэ дгъэлъэпIа сурэтыщIхэм я цIэр щащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым. Фи фIэщ фщIы ахэр фIы дыдэу щацIыху хамэ къэрал куэдми. Ущыпсэу къэралым и цIэр дахэкIэ жыжьэ зыгъэIу апхуэдэ цIыху телъыджэхэм сыт хуэдэ фIыщIэри къызэралэжьым шэч хэлъкъым», - жиIащ гуапэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академием и академик Рубец Александр.

ГъэфIэжыр зэфIэкIа нэужь, зэIущIэм хэтахэм Iэмал яIащ Лъэпкъ Музейм къыщызэрагъэпэща «ЦIыхур. ЩIыуэпсыр. Уахэр» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр нэхъ гупсэхуу зрагъэлъэгъуну.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз