Творчествэм и унэу Переделкинэ дэтым иджыблагъэ зэдзэкIакIуэхэм я зэхыхьэ щекIуэкIащ. Абы утыку къыщрахьащ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Къаныкъуэ Заринэ мы проектыр зэрырагъажьэрэ хэтщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр хагъэхьащ Урысейм ис лъэпкъ 60-м я анэдэлъхубзэкIэ тха тхыгъэхэр иту къыдагъэкIа антологие зыбжанэм. Мы гъэм Заринэ драматургиемкIэ секцэр иригъэкIуэкIыну ирагъэблэгъат.
- ЗэдзэкIын Iуэхум ехьэлIауэ Переделкинэ иджы ещанэ сокIуэ,- жеIэ Заринэ. - 2003 гъэм сэ сыхэтащ «Дружба народов» журнал цIэрыIуэм зэдзэкIакIуэхэм папщIэ къызэригъэпэща семинарым. Иджыри аращ щIытезгъэзар. ЩIыпIэ гъэщIэгъуэнщ мыр. ДэнэкIэ уплъэми тхылъ болъагъу, хьэщIэщым и пэш къэс, рестораным, кафем тхылъхэр щыгъунэжщ. Мы щIыпIэм зэпыу имыIэу зэIущIэ щхьэпэхэр, семинархэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIри, щIалэгъуалэр куэду къокIуалIэ. Сигу ирохь. Иджыри къытезгъэзэнт!
ЗэIущIэм теухуауэ
- Абы и гугъу щащIащ лъэпкъыбзэхэмкIэ тха литературэ тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIын, утыку нэхъ инхэм ихьэн зэрыхуейм. Абы хэтахэм зрагъэгъуэта щIэныгъэр анэдэлъхубзэкIэ тхар урысыбзэкIэ щызэрадзэкIым и закъуэкъым къащыхуэсэбэпынур, атIэ урысыбзэкIэ тхам кърахыу я анэдэлъхубзэкIэ щызэрадзэкIкIи къащхьэпэнущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъыбзэхэмкIэ еджэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Ауэ абы къикIыркъым тхыгъэхэр зэдзэкIын хуэмейуэ. Урысыбзэм кърахыу адыгэбзэкIэ е балъкъэрыбзэкIэ художественнэ текст ин зэрадзэкIыну тегушхуэр зэрымащIэм уегъэгумэщI.
УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зимыIэ щапхъэхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, «Евгений Онегин» тхыгъэр адыгэбзэкIэ плIэнейрэ зэрадзэкIауэ щыIэщ, абы щыщу тIур иужьрей илъэситхурщ къыщыхъуар. Мэкъуауэ Амир урысыбзэкIэ итха и повестыр ХьэцIыкIу Рае адыгэбзэм екIуу къригъэзэгъащ.
Бзэм и къарур зэлъытар
- Сэ сызэреплъымкIэ, щIэджыкIакIуэм и пащхьэ бзэр, тхыгъэр зэритхьэм куэд елъытащ. АнэдэлъхубзэкIэ еджэхэр нэхъыбэ тщIын мурадкIэ, илъэс 13 ипэ ныбжьэгъу зыбжанэ си гъусэу усыгъэм и пшыхьхэр къызэдгъэпэщын щIэддзат. Анэдэлъхубзэм зегъэужьынымкIэ литературэ проект нэхъ инхэм ящыщщ ар. Абы хэтхэр ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм адыгэбзэкIэ усэхэм гъэхуауэ къыщоджэ. Япэм усэхэр ирагъэтхыурэ радиокIэ къатыжу щытамэ, иджы куэду си гуапэ мэхъу ди щIыналъэм щыпсэу тхакIуэхэм я тхыгъэхэр радиокIэ къызэратым. Сэ сызэреплъымкIэ, сабий таурыхъхэри апхуэдэу утыку къихьэн хуейщ, абы анэдэлъхубзэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм зэрыхигъэхъуэным шэч хэлъкъым. ЩIэн хуейр куэд мэхъу, ауэ Iэмалхэр мащIэщ.
АнэдэлъхубзэкIэ тхыгъэхэмрэ усыгъэхэмрэ къыдагъэкIын, ар утыку нэхъ инхэм щагъэлъэгъуэн хуейщ. ЩIалэгъуалэм анэдэлъхубзэкIэ утхэным хэлъ фIагъыр къагурыIуауэ сыщогугъ.
Дауэ щытми, хэгъэгухэм а Iуэхум нэхъ щолIалIэ. ТхакIуэхэр зэкIэлъокIуэ, зэролъагъу, зыр адрейм и IэдакъэщIэкIыр зэрыпхигъэкIынум хущIокъу. Мис мыпхуэдэ зэхыхьэхэри абыхэмкIэ щхьэпэщ. Ауэ лъэпкъыбзэхэмкIэ тхылъ мащIэщ къыдэкIыр. Сэ сызэреплъымкIэ, адрей щIыналъэхэм мы Iуэхум гулъытэ нэхъыбэ щегъуэт.
Щхьэусыгъуэ пыухыкIахэм къыхэкIыу, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм анэдэлъхубзэкIэ тхылъ къыдигъэкIын щигъэтащ. Зэман кIыхькIэ абы учебник фIэкIа къыдимыгъэкIыу щытащ, итIанэ абы трагъэкIуадэ мылъкур нэгъуэщI гуэрхэм трагуэшащ. Псалъэм папщIэ, сэ а тхылъ тедзапIэм си Iэрытхыр щIэслъхьэри, илъэситхукIэ сежьащ. Тхылъыр къыдагъэкIыну ягъэхьэзырри, илъэс къэс ирагъэкIуэтэкIыурэ мы гъэм къэсати, Iэрытхыр къэсщтэжащ си ахъшэкIэ къыдэзгъэкIыжыну. Ауэ ар тхакIуэм дежкIэ хэкIыпIэкъым. ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIыну иджыри къигъэгугъэркъым.
Зэхыхьэм и сэбэпыр
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Правленэм сыхэтщи, Республикэм ис тхакIуэхэм сэ зэзгъэгъуэта щIэныгъэхэмкIэ садэгуэшэнущ. Ди республикэм щыщу а зэхыхьэм хэтащ зэдзэкIакIуэ ныбжьыщIэ, радиожурналист Джыназ Заремэ. Абы къыхуэщхьэпэн куэд къыхихауэ сыщогугъ. КъыкIэлъыкIуэ зэхыхьэм нэгъуэщI зыгуэр едгъэблагъэ хъунущ.
Пэжщ, я тхыгъэхэр зэрадзэкIыу зымыдэ тхакIуэхэри диIэщ. Зы лъэныкъуэкIэ сэ ахэр къызгуроIуэ. Ауэ сэ си тхыгъэ зэзыдзэкIхэм фIэгъэнапIэ къахуэслъыхъуэркъым. Си усэхэр щызэрадзэкIкIэ, сэ сыхуэхьэзырщ абы и гупсысэм, купщIэм щыщ зэрыщIэкIуэсыкIынум.
ТЭРЧОКЪУЭ Дисэ.