СУРЭТЫЩI IЭЗЭХЭМ Я ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм «ЦIыхур, щIыуэпсыр, хьэршыр» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. Утыку кърахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и художник нэхъыфIхэм я лэжьыгъэхэр - ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм пашэ щыхъуахэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Зэхьэзэхуэри гъэлъэгъуэныгъэри къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. Гъэлъэгъуэныгъэ нэужьым мы лэжьыгъэхэр Москва яшэнущ. 
 

Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликст гъэлъэгъуэныгъэр къызэIузыхари, ар сурэтыщIхэмрэ хьэщIэхэмрэ ехъуэхъури, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат псалъэ иритащ.
Карчаевэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум къыдэкIуэу, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиер илъэс 265-рэ зэрырикъуми гъэлъэгъуэныгъэр зэрытраухуар икIи академикхэм фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэхэм лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэрыщрагъэкIуэкIымрэ республикэм дэIэпыкъуэгъу къызэрыхуэхъумрэ папщIэ. 
ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ, искусствоведенэ щIэныгъэхэм я кандидат Ступин Сергей жиIащ зэпеуэм хагъэхьа лэжьыгъэ нэхъыфIхэр зэрагъэлъагъуэр, жэпуэгъуэм и II-м текIуахэр зэрагъэпэжэнур, республикэм и къэралыгъуэм и махуэр зэрагъэлъапIэм къыдэкIуэу, щIыналъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри зэрагъэбыдэнур. Абы фIыщIэ яхуищIащ мы Iуэхур зыкърезыгъэхьэлIа псоми. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин мастер-класс щхьэпэ итащ. Апхуэдэу КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик Црым Руслани зэIущIэ купщIафIэ сурэтыщIхэмрэ гъуазджэм и цIыхухэмрэ ядригъэкIуэкIащ. 
УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик Пащты Герман и гуапэу къыхигъэщащ ди республикэм и сурэтыщI ныбжьыщIэхэм, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ гъэлъэгъуэныгъэ къызэрызэрагъэпэщар гуапэ зэрыщыхъуар, дяпэкIи абы пащэну зэрыщыгугъыр. Зэхыхьэм кърихьэлIахэм ар ехъуэхъуащ насып, узыншагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну. 
КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис жиIащ щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр ди гъащIэм щыщ Iыхьэ зэрыхъуар, зэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр, дызэрыгушхуэ артистхэр дызэриIэм и фIыгъэкIэ сурэтыщI гъуазджэм, щэнхабзэм нэхъри зэрызиужьынур. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ Ступин Сергейрэ сурэтыщIхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.