АДРЕЙХЭМ ЯГУ КЪЫЩЫМЫКIЫМ…

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз IуэхущIапIэхэм бжьыхьэ-щIымахуэ пIалъэм зыхуагъэхьэзыр.

Хуабейуэ щыта шыщхьэуIумрэ фокIадэмрэ икIыху мэзхъумэхэмрэ щIыуэпс щытыкIэм кIэлъыплъ инспекторхэмрэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу тIоней-щэнейрэ щIыпIэхэр къызэхакIухьу нобэм къэсащ. Псом хуэмыдэу хуабэм и Iэужьыр нэхъ щынэрылъагъущ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм. Мэзхъумэхэм иджыпсту жыг къэс я щытыкIэр къапщытэ, ихыпхъэхэр ягъэбелджылы, бжьыхьэр имыкIыу абыхэм я пIэм жыгыщIэхэр зэрыхасэжыным хуэдэу.
Жыг лIэужьыгъуэхэмрэ ахэр къыщыкI щIыпIэхэм я щытыкIэмрэ елъытауэ, IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэми иджырей мардэхэм тету захъуэжащ. Къапщтэмэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ щыкуэд щIыпIэхэм мафIэ кIапэ нэбгъэсынкIэ Iэмал иIэкъым: эфир дагъэмкIэ къулей жыгхэр напIэзыпIэм дрилыпщIеинущ, къэптIыхьынри гугъущ, нэхъыбэр зэрымывалъэм къыхэкIыу. Аращ апхуэдэ щIыпIэхэр кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэм сыт щыгъуи щIыщIэтыр.
Мэз къэс езым и къулеягъ иIэжщ. ЗыщIыпIэ и деж ар зытезыIыгъэ къуэпсыр (экосистемэр) щызэпычмэ, зэфIэбгъэувэжыну гугъущ. Псалъэм папщIэ, псейр зы илъэсым хуэзэу сантиметритI къудейщ зэрыхэхъуэр. Ауэ щыхъукIэ, и лъабжьэр цIыкIущ, жьы борэным щыпэщIэтыфыр зэзэмызэххэу. Мыпхуэдэ мэзхэр щынэхъыбэр Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж щIыналъэхэрщ. Аруан, Лэскэн районхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм бжей, кIей, тхуейхэр щынэхъыбэщ, мейхэми мэзкхъужьейхэми уащрохьэлIэ.
ИпэкIи зэрыжытIащи, зауэ нэужь илъэсхэм цIыхухэм хабзэфI къадекIуэкIыу щытащ: пхъэ къыщIашыну мэзым кIуэхэм мыIэрысей къудамэ цIыкIухэр къыздащтэрти, мей жыгхэм дадзырт, гъае къэхъумэ, мэзым цIыхухэр зэрыкъуэмылIыкIынум тещIыхьауэ. Ар щапхъэ зыхуэхъуа щIэблэми дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр зэрихъумэным хэтт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, IэщIыб ящIа апхуэдэ Iуэху щхьэпэм гулъытэ игъуэтыжу хуежьащ. 
АбыкIэ сэбэпышхуэ хъунущ «ЩIыуэпс» лъэпкъ проектыр къэзыгъэсэбэпыну гупыж зыщI волонтерхэр. Ахэр Урысейм и языныкъуэ щIыналъэхэм къыщыунэхуауэ IэужьыфIэу щолажьэ. Абыхэм я нэIэм щIэтщ цIыхум, дуней къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ сэкъат зыгъуэта мэзылъэхэр. Волонтерхэр апхуэдэу кIэлъоплъ мэзхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ 20I8-2024 гъэхэм къриубыдэу ягъэзэщIэну къэрал программэм хиубыдэу хаса жыгыщIэхэм я щытыкIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэр къапщтэмэ, иджыпсту нэхъ мащIэ щыхъуащ мэзкхъужьейхэр, бжейхэм ущрихьэлIэжыххэртэкъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Мэзхэр дывгъэхъумэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу щIыпIэ-щIыпIэкIэ щыхасэжыну къагъэлъэгъуа жыг лIэужьыгъуэхэм яхэтщ бжейхэри. Ныбжь зиIэхэм нэхъ ящIэжынущ ди республикэм и къуршылъэхэм пэмыжыжьэу, лъагэрэ джафэ хъужауэ бжей фIэкIа зэрымыт мэз лъэщIэху дахащэхэм ущрихьэлIэу зэрыщытар; бжьыхьэм лъэувыпIэ имыIэу къыпыщэщ пщIийр мэзакIуэхэм къыздахьырти, сэхураным и пIэм иту яфIэфIыпсу сабийхэми балигъхэми гъэлыгъуауэ яшхырт, щхьэузми и сэбэпт, зэрыжаIэмкIэ.
Мэз волонтерхэм теухуауэ жыпIэнурамэ, ди щIыналъэмкIэ ар щIэуэ къэунэхуа гуэру щыткъым. Урысейм ар къыщыунэхуным иджыри куэд иIэт, псапащIэ IуэхухэмкIэ лэжьыгъэшхуэ илъэс куэд хъуауэ къезыхьэлIэ Къарэ Ратмир и жэрдэмкIэ Налшык къалэ и щIыпIэ щхьэхуэхэм пхъэхуей, жыгей, блашэ жыгыщIэ цIыкIухэр ди щIалэгъуалэм щыхасэм щыгъуэ. Къапщтэмэ, а зэманым хаса жыг зыбжанэм Печатым и унэм и щIыбагъ лъэс зекIуапIэр, Дэшхуей хадэр ягъэдахэ.
 Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министру щыта, жылагъуэ узэщIакIуэ Пащты Борис и псалъэкIэ Къарэр зи пашэ ныбжьыщIэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэмрэт илъэс куэд ипэкIэ Налшык и Осетинскэ, ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм хуэзэ лъэс зекIуапIэм и кIыхьагъкIэ щыщIэращIэ уэздыгъей, псей, дзэл жыгышхуэхэр хэзысауэ щытар. ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэм я Iэр дэни нос, ирехъу ар мэз е псы Iуфэ. 
 

 

Лъостэн Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.