КУЭЦЭ ИДАР И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭЩIЭ

Жэпуэгъуэм и 4-5-хэм Артек щекIуэкIащ «Детская Новая волна – 2022» зэпеуэ цIэрыIуэм и кIэух Iыхьэр.
Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ къэралибгъум я уэрэджыIакIуэ 12-м.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Маликов Дмитрий, Павлиашвили Сосо, Карауловэ Юлианэ, Дмитриенкэ Ваня, Хабиб сымэ. Мы гъэм къэпщытакIуэхэр ИнтернеткIэ лэжьауэ аращ, абы хуэщIауэ Москва дэт студием щIэсу.
Зэпеуэм япэ увыпIэр щыхуагъэфэщащ Волковэ Аннэ, етIуанэ хъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэщIэ Куэцэ Идарщ. КъищынэмыщIауэ, телевизореплъхэм я деж щрагъэкIуэкIа IэIэтми Идар щытекIуащ. Ещанэ хъуар Хабибулинэ Таисэщ.
Ди лъэпкъэгъу щIалэм мыбы ипэкIи ехъулIэныгъэ зыбжанэ уэрэд жыIэнымкIэ зыIэригъэхьат.     Ар щытекIуащ «Твой голос» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Москва), «Золотой голос России» дунейпсо фестивалым (Москва), усэ, прозэ къеджэнымкIэ «Зажигаем новые звёзды» V дунейпсо фестиваль-зэпеуэм (Cочэ), Крутой Игорь и академием къызэригъэпэща «Академия талантов» урысейпсо фестивалым (Краснодар), «Радуга над Нальчиком» дунейпсо зэхьэзэхуэм (Налшык), нэгъуэщIхэми.
ЩIалэщIэм дохъуэхъу и зэфIэкI нэхъыбэ хъуну, ехъулIэныгъэ щымыщIэну ди гуапэщ.

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.