БЗУМ ИЛ И ЛЭПСЩ

Инджылызым мазэ ипэкIэ премьер-министру щытеува Трасс Лиз и IэнатIэр фIэкIуэдынкIэ шынагъуэ щыIэщ.

ЦIыхубэм къытехуэ хэхыпщIэхэр (налогхэр) игъэмэщIэну зэримурадырт Трасс Лизэ Сунак Риши тезыгъэкIуар. Инд щIалэм «экономикэм хэхыпщIэхэр хэмыту зиужьынукъым» жиIэ щхьэкIэ, Джонсон Борис зи щIыб къыдэт Трасс Лиз хьэпшыпхэри ерыскъыхэри пуд ищIыжыну зэрыхузэфIэкIынумкIэ псори къигъэгугъэрт. Иджы ар илъэсыщIэр къимыхьэ щIыкIэ и къулыкъум къытрагъэкIынкIи зэрыхъунур зэхыдох.

«Британием и премьер-министр Трасс Лиз мазэ иримыкъукIэ фIэкIа зэрымылэжьам хуэдэу, и унафэ пхъашэхэмкIэ къэралым и экономикэм хэщIыныгъэшхуэ иритащ, - етх «Нью-Йорк Таймс»-м и журналист Кругман Пол. – Трассрэ абы и нэIэ щIэт къулыкъущIэхэмрэ бюджетым и зэфIэкIыр къамыпщытэу, я зэхъуэкIыныгъэхэр къыхалъхьэри, куэд зэхагъэзэрыхьащ».

Кругман зэреплъымкIэ, иджыпсту Европэм щыпсэухэри британхэри зыIууа экономикэм щекIуэкI лъэпощхьэпохэм я хьэтыр илъэгъуакъым премьер-министрыщIэм. ГъэщIэгъуэныр сыт? Трасс зи налогхэр игъэмэщIэну хуежьар уэздыгъэ уасэр зэрыдэуеям гугъу иригъэхь тхьэмыщкIэхэракъым, атIэ къулейхэмрэ къулей дыдэхэмрэщ. Сыт-тIэ и мыхьэнэр апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм, цIыхубэр нэхъыфIу мыпсэунумэ? Бейхэм гу лъатэххэнукъым я налогхэр нэхъ мащIэ зэращIам, ауэ щыхъукIэ, къэралым и экономикэм абыхэм я хэхыпщIэхэр хэмыту зиужьынукъым.

«Трасс къэралым и унафэр хузехьэнукъым, темыувэ щIыкIи, цIыхубэм я нэхъыбэр къигъэгубжьащ, - етх американ журналистым. – И нэгум щIэт таурыхъхэм хэпсэукI тепщэ къаIэрыхьащ британхэм, Iуэхур зыIутыр, цIыхухэм я псэукIэр имылъагъуу. Мы махуэ зыбжанэм абы зэхигъэзэрыхьахэр зэхэпхыжыным зэманышхуэ ихьынущ».

 Жэпуэгъуэм и 3-м инджылыз парламентым и «22-нэ комитетым» Iуэху къиIэтащ, Трасс Элизабет дзыхь зэрыхуамыщIым теухуа IэIэт яублэну.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.