ЖЫГЫЩIЭХЭР ЯГЪЭТIЫС

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, щыхьэрым иджыблагъэ зи хуэдэ щымыIэ, шыкIуртIымщэхум и лIэужьыгъуэу секвойэкIэ зэджэ жыгипщI щагъэтIысащ. Налшык псыхущхъуэхэм и Iэгъуэблагъэм дяпэкIэ щыкIыну жыгхэр щIыпIэм зэрезэгъыр къахута нэужь, щIыналъэм щагъэбэгъуэну я гугъэщ.
ЩыкIуртIэмщэхухэр «Адэжьхэм я щIэинымрэ щIэблэм я щIэжымрэ» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ягъэтIысащ. Iуэхугъуэ дахэм и жэрдэмщIакIуэ хъуащ Урысейми, хамэ къэрал куэдми къыщацIыху автозекIуэлI цIэрыIуэхэу Холодный Сашэрэ (Морозов Александр) Баладинский Николайрэ. ПэхуэщIэр зэщIа хъуным и гуащIэ хэлъщ «ЗыплъыхьакIуэхэмрэ автотуризмымкIэ IэнатIэм пэрытхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэ» зыплъыхьакIуэ центрми. УАЗ-452 машинэм ису щIым и хъуреягъыр зэпачыну Мэзкуу къыщежьа гупым я гъуэгур Кавказ Ищхъэрэм пхыкIырт. Мыбдеж щащIа увыгъэм и лъэужьу зекIуэлI гупым Iуэхугъуэ дахэр къагъэнащ.
Къыхэгъэщын хуейщ зыплъыхьакIуэ ежьа гупым я гукъэкIыр КъБР-м Курортхэмрэ туризм хуэIущIэхэмкIэ и министерствэм зэрыдиIыгъар, ар зэщIа хъун папщIэ далэр зэригъэнэхуар. ЩIэгъэкъуэн хъуащ Налшык псыхущхъуэхэм епха IуэхущIапIэм и унафэщI Чэпай Аслъэнрэ «Налшык» курортхэм я Iэтащхьэ Афэ Хьэсэнбийрэ. Абыхэм жыгхэр щагъэтIысыну щIыпIэр къыхахащ, абы и Iэгъуэблагъэр ягъэкъэбзащ, хьэщIэхэр къыщыувыIэну хьэщIэщIри ягъэхьэзыращ.
ЩыкIуртIымщэхухэр щагъытIыс махуэм зэIущIэшхуэ екIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м курортхэмрэ туриз хуэIухуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шаваев Ислъам, «Налшык» курортхэм я Iэтащхьэ Афэ Хьэсэнбий, Ислъам, Урысей географие зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къуэжьокъуэ Мухьэмэд, къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ «Кавказ.РФ» IуэхущIапIэм и унафэщI Мэт Анзор, санаторие IэнатIэм и ветеран, дохутыр Къуэжей СулътIан сымэ. Iуэхугъуэм и жэрдэмщIакIуэхэм я гъусэу абыхэм жыгхэр Налшык псыхущхъуэхэм епха IуэхущIапIэм и гупэм щагъэтIысащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр шыкIуртIымщэху жыг лъэпкъыгъуэхэмкIэ зэгъыу зэрыщытым, жьыбгъэшхуэхэр къызэрыщемыпщэм, и хьэуари зэрызэпIэзэрытым къыхэкIыу, секвойэми зыщиужьынущ, уеблэмэ лъабжьэ ищIу бгъэбэгъуэжи хъунущ. Илъэс зыбжанэ фIэкIа хуейкъым мы жыг лIэужьыгъуэм пкъы ищIу щхьэкIэ игъуэтын щхьэкIэ. ЖыIэн хуейщ, илъэсым къриубыдэу секвойэм зы метри хигъахъуэу зэрыкIыр. Жыгыр гуащIафIэщ, удыныщIыгъуафIэкъым, зыгъэгусэрейуэ щыткъым. ПсыIагъэ фIэфIщи, гъэмахуэ шылэм ар щыкI щIыпIэм щIыIэтыIэу щытынущ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхум и ягъэ иригъэкIыу хьэуам хэлъ пкъыгъуэхэр зэщIешэ, езыр тхьэмпэбэщи, жьауэшхуэ едз», – къыхигъэщащ Морозов Александр.
Гу зылъытэн хуей нэгъуэщI зы Iуэхугъуи щыIэщ. Iуэхугъуэ щхьэпэр «Адэжьхэм я щIэинымрэ щIэблэм я щIэжымрэ» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэм Кавказ Ищхъэрэм щхьэкIэ къыхалъхьа жэрдэмщ. Гъуэгушхуэ къызыщIэлъ зыплъыхьакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, пэхуэщIэр тхыдэмрэ иджырей гъащIэмрэ фIыуэ щыгъуазэ хуэхъуным хуэзыгъэуш гукъэкIыу къыхалъхьауэ аращ. ЗекIуэ гупым хэт Морозов Александр, Баладинский Николай, Спиридоновэ Аленэ сымэ зэрыжаIамкIэ, ахэр Кавказым хиубыдэ щIыпIэ куэдым къыщыщIидзащ, щIыналъэм и тхыдэ-щэнхабзэ къэгъэщIыгъэ Iэджи зэрагъэлъэгъуащ, лъэпкъхэми я дуней тетыкIэм къэлIыплъыну Iэмал яIащ. «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр зэ еплъыгъуэкIэ псори зэщхьу, зэщхьэщыкIыныгъэ зыри ямыIэу къыпфIэщIынущ. Пэжщ, мыбдеж лъэпкъ зыбжанэ зэрисым дыщыгъуазэт, ауэ ахэр зэрызэхэпцIыхукIыну щIэныгъи зэхэщIыкIи диIауэ жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ дыдэуи къыхэгъэщын хуейщ Кавказым укъакIуэу мыбы щекIуэкI гъащIэм мащIэ дыдэ нэхъ мыхъуми зыщумыгъэгъуазэмэ, ар зэрыпхузэфIэмыкIынур. Ауэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэ куэд тлъэгъуащ, зэрыщыпсалъэ бзэхэм дыщIэдэIуащ. Сыт хуэдизу зэтемыкIми, кавкз лъэпкъхэм цIыхум ирах цIыхугъэмрэ хьэщIагъэмрэ, я лъэпкъыщхьэм хуащI Iулыджым, я бзэм хуаIэ фIылъагъуныгъэм гу лъыумытэу къанэркъым. Дэ ди фIэщ мэхъу адэжьхэм щIэблэм къыхуагъэна щIэиныр зэрахъумэм, ар езыхэм къащIэхъужхэми къыхуагъэнэну зэрыхущIэкъум мы щIыналъэр нэхъ лъэщ зэрищIыр, и цIыхухэри куэдкIэ гуащIафIэ, пкъыфIэ, дахэ зэрыщIэхъукIыр. Тлъэгъуам къыдита гукъыдэжым къыхэкIащ мы пэхуэщIэри, гъащIэ иIэну, дунейм и нэхур къытепсэу, цIыхум я гукъыдэжри къиIэту куэдрэ щыIэну дыщогугъ», – жаIащ гупым хэтхэм.
Зы жыгыр – зы тхыдэщ, зы гъащIэщ. Къуэ къызыхэхъуа адыгэ унагъуэм жыг игъэтIысу хабзэ щыIэщ, пщэдейрей махуэхэм гугъэ зэрыхуиIэр, я къуэпсри мыгъужу игъащIэм зэрыщыIэнум фIэщхъуныгъэ хуаIэу. Арыххэуи, жэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьэ гукъэкI дахэр къэкIуэну зэманхэм поджэж, дыкъэзыухъуреихь дунейми щIэщыгъуагърэ щхьэпагърэ хэзылъхьэ гупсысэщ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.