Метр щэщIрэ тхурэ и лъагагъыу яIэт

Илъэс 30-м щIигъуащ Урысей Федерацэм плъыфищу зэхэт и къэрал ныпыр къызэращтэрэ. Хабзэ дахэ хъуауэ, шы­щхьэуIум и 22-м абы и махуэр ягъэлъапIэ. Ды­гъуасэ Налшык къалэми къэрал ныпым гулъытэ ин щигъуэтащ. Зэгуры­Iуэныгъэм и утыкум абы и щIыхькIэ гимнхэр къеуэу метр 35-кIэ щаIэтащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэр.

 

Къызэхуэсахэмрэ Херсон щIыналъэм къикIа хьэщIэхэмрэ фIэхъускIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

- Нобэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху догъэлъапIэ. Къэралым и дамыгъэ нэхъы­щхьэхэм ящыщ зыщ ны­пыр. Псом япэу ар щыхьэт тохъуэ хэкум щхьэхуиту и щхьэ и унафэ зэри­щIыжыфым. Къищы­нэ­мыщIауэ, къыхэгъэщыпхъэщ къэрал ныпым Урысейм и тхыдэр къызэригъэлъагъуэр, лъэпкъ зэ­къуэтыныгъэр зэригъэ­бы-

­дэр, Хэкум и лъэщагъым хэгъэхъуэнымкIи ди къарур къызэрызэщIиIэтэр, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. - Къэралыр ехъулIэныгъэ иIэу пэщIэтщ гъэунэхуныгъэщIэрэ лъэпощхьэпоуэ мы зэманым дызрихьэлIахэм. Ди экономикэр егъэ­фIэкIуэнымрэ цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI щIы­ным­рэ теухуауэ Путин Владимир къытхуигъэува къалэнхэми даполъэщ. А псор и щыхьэтщ Урысейм гугъуехьхэр къызэрызэ­ринэ­кIыфынум, и ныпым щIэту, мамырыгъэмрэ зыужьы­ныгъэмрэ зэрызригъэхъу­лIэнум. Къэбэрдей-Балъкъэрыр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зы унагъуэм хуэдэу Урысейм къыдогъуэгу­ры­кIуэ икIи мыгувэу ди республикэм и илъэси 100-р зэрыдгъэлъэпIэну Iуэху­гъуэхэр едгъэкIуэкIынущ. Шэч хэмылъу, щIыналъэм и зыужьыныгъэр зэпхар ­­ ди зэгурыIуэныгъэрщ, лъэпкъ­­хэм я зэныбжьэгъугъэрщ. Си фIэщ мэхъу Урысеймрэ Къэбэрдей-­Балъкъэрымрэ я къэрал ныпхэр нобэ лъагэу къы­зэрытIэтар ди щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным лъабжьэ зэрыхуэхъунур. ЛIэ­щIыгъуэ къызэднэкIахэм къызэрагъэлъэгъуащи, Урысейр сыт щыгъуи зи телъхьэу щытар мамы­рыгъэмрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ хъумэнырщ, си гугъэщ апхуэдэ лъапIэ­ныгъэхэр дяпэкIи диIэну. Псоми сынывохъуэхъу Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэмкIэ, зыву­зэщIыну, узыншагъэ быдэ фиIэну си гуа­пэщ.

МахуэшхуэмкIэ къызэ­хуэ­са­хэм ехъуэхъуащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэу­зэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдулаев Мус­тэфа.

ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум къыщызэхуэсахэм ­папщIэ уэрэдхэр ягъэ­зэ­щIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, ­Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Хъыжьрокъуэ Сулъ­тIан, КъБР-м и къэрал Музыкэ театрым и артисткэ Жа­боевэ Замирэ сымэ. Ап­хуэдэуи социальнэ сетхэр къигъэсэбэпу, Хэкум теу­хуа усэ гъэхуауэ ма­хуэш­­хуэм къыщеджэну зэры­хуейр къыхэщу КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ зыхуэзыгъэза ныбжьыщIэ цIыкIу Хъазджэрий Щамил и хъуэпсапIэри хуагъэ­зэщIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.

14.03.2026 - 09:03

Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ.

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг

13.03.2026 - 09:03

Лъэхъэнэм и цIыхут

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ, «Гум и макъ» клубым и унафэщI Безыр Ленэ зэхыхьэ къызэригъэпэщащ адыгэ усакIуэ, драматург, Хэку зауэшхуэ

12.03.2026 - 09:19

Анэшхуэхэм я зэпеуэ

«Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) иджыблагъэ щекIуэкIащ.