Зэхыхьэ иным зыхуагъэхьэзыр

ШыщхьэуIум и 25-27 махуэхэм Налшык щекIуэкIынущ «Кавказ Мьюзик Фест» макъамэ фести­валь ин. Абы ехьэлIа Iуэху­хэмрэ упщIэхэмрэ хухэхауэ «Синдика» хьэ­щIэщым и зэIущIапIэм щызэхэтащ пресс-конференцэ.

 

Журналистхэм яхуэзащ Налшык къалэ администрацэм и тхьэмадэ ­Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, фестивалым и жэрдэм­щIакIуэ икIи и генеральнэ продюсер Хьэцей Тимур, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие ансамблым и художественнэ унафэщI Энеев Магомед сымэ.

- Мыпхуэдэ Iуэху ин, «Славянский базар» фестивалым ехьэехуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым дэнэ къэна, Кавказ Ищхъэрэм зэи щыIакъым, - жиIащ зэIущIэр къыщызэ­Iуихым Хьэцей Тимур. - Абы и гупсысэ нэхъыщхьэр ­Урысей Федерацэмрэ ­КИФЩI-мрэ я артистхэр зы утыкум щы­зэIугъэщIэнырщ, цIыху­хэр щэнхабзэм зэрызришалIэр абыкIэ наIуэ щIынырщ. Ар къызэгъэ­пэщыным сы­те­зыгъэгуш­хуар, а гупсысэм къежьапIэ хуэхъуар Бела­русь Респуб­ликэрауэ жы­пIэ­мэ, ущыуэнукъым. Сэ илъэсибл хъуа­уэ садола­жьэ ­Витебск щрагъэкIуэкI «Славянский ба­зар»-м и къы­зэгъэ­пэ­ща­кIуэхэм икIи сыхуейт апхуэдэ зыгуэр, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр къэзыгъэ­лъагъуэ, къызэдгъэпэщыну. Илъэс 31-рэ ­хъуауэ щыIэ а фес­тивалым цIыху мини 4-м щIигъу зэ­хуешэс. Абы дыщIэры­мы­хьэми, мы гъэм ди деж къыдошалIэ хьэщIэ лъапIэ куэд. КхъухьлъатэкIэ къэ­кIуэнухэм (ар ди къэралым и уэрэджыIа­кIуэхэуи нэ­гъуэщI къэралхэм щыщуи) я бжыгъэр 300-м, ­гъунэгъу щIына­- лъэ­хэм щыщхэр ­500-м щIегъу.

Тимур кIэщIу къытеувыIащ фестивалым и программэм. Псалъэм папщIэ, шыщхьэуIум и 25-м ар къызэIуахынущ КъБР-м и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум хуагъэпса концерткIэ. ЕтIуанэ махуэр ­къафэм ейщ, щыIэну концертым хэтынури къэфакIуэ гупхэращ. Ещанэ махуэм УФ-м, нэгъуэщI къэралхэм, гъунэгъу республикэхэм я артистхэр зыхэтыну концертышхуэ щыIэнущ, аращ фестивалыр зэрызэхуа­щIыжынури. Абы иужькIэ щIалэгъуалэ автопати шоу концерт ин ирагъэкIуэкIынущ иджырей макъамэхэр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ. Апхуэдэуи щыIэнущ щIалэгъуалэ конференцэхэр, щэнхабзэ зэIущIэхэр. Псори ще­кIуэ­кIынур Театр щхъуантIэмрэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэмрэщ.

- Утыкур фестивалым ­хуэгъэхьэзырыныр езыр зы гъуазджэ лIэужьыгъуэ псо мэхъу жыпIэкIэ ущыуэнукъым, - жеIэ Тимур. - Iуэхум и административнэ-­­ме­недж­мент Iуэхухэр зылэжь­хэр цIыху 200-м ноблагъэ икIи абыхэм утыку кърахьэнур зэи ди щIыпIэм щымыIа гуэрщ. ЖыпIэнурамэ, екIуэ­кIынур концерт къудейкъым, атIэ лъэпкъхэр, абыхэм я щэнхабзэр, республикэр, дэ псори дызы­хуейщ, дызыхуэныкъуэщ, дифI зы­хэлъщ.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур зэрыдгъэ­лъэ­пIэнум хуэгъэпсауэ яубзыхуащ Iуэхугъуэ 60-м нэс. Ахэр щыщIидзэнум ипэ ­къихуэу «Кавказ Мьюзик Фест» фестивалыр зэре­кIуэкIынур гуапэщ. Туризмэм ди щIыналъэм зэры­зыщиу­жьыр къэплъы­тэмэ, ар илъэс къэс щыIэ зэIущIэ яхуэщIыну абы и къызэгъэпэщакIуэхэм со­хъуэхъу. Республикэм и Iуэхуу щыткъым мыр, ауэ и къызэгъэпэщынкIэ, хъыбарегъащIэ и лъэныкъуэкIэ защIэдгъэкъуэну ди пщэ дэтлъхьэжауэ аращ, - жиIащ Нал­шык къалэм и мэр ­Ахъуэхъу Таймураз.

«Славянский базар»-м и илъэс 30 юбилейм хэта Нэхущ Чэрим абы ехьэлIа и гукъэкIыжхэмкIэ къыщIи­дзащ и псалъэр. «Абы щыгъуэ жысIат апхуэдэ гуэр диIамэ, фIы дыдэ зэрыхъунур. Си гугъакъым, Тимур, си хъуэпсапIэр апхуэдэу псынщIэу нахуапIэ пхуэ­щIыну, упсэу! ХабзэфI Тхьэм тхуищI!» - жиIащ артистым.

Энеев Магомед псалъэ щратым, къыхигъэщащ щIыпIэ куэдым «Балкария» ансамблыр зэрыщыIар, артист цIэрыIуэхэм я гъусэу зы утыку зэритар. «Иджыри апхуэдэ зы Iэмал диIэщи, ди гуапэу къэдгъэсэбэпынущ, - жиIащ абы. - Фестивалыр гуфIэгъуэщ, псом хуэмыдэу щIалэгъуа­лэр зыгъэгушхуэщи, ап­хуэдэхэр куэду диIэну си гуа­пэщ».

Лу Азэмэт гъэхуауэ теп­сэлъыхьащ фестивалым хыхьэу ирагъэкIуэкIыну зэIущIэм, гупсысэ щIэщыгъуэ, зыми емыщхь Iуэху бгъэ­дыхьэкIэ зиIэ щIалэ­гъуалэм я конференцэм. «Ахэр зэ­хуэгъэзэн хуейщ, сыткIэ дадэIэпыкъуфынуми дыубзыхупхъэщ, апхуэ­мыдэрэ, зэран зыри яхуэдмыгъэ­хъунри Iуэху цIыкIукъым, - къыхигъэщащ абы. - ЗэIущIэр щекIуэкIынур мы хьэщIэщырщ, ар гъэщIэ­гъуэну, купщIафIэу зэрыщы­тынум шэч къытесхьэркъым».

АдэкIэ конференцэм хэтахэм журналистхэм я упщIэхэм жэуап иратащ. УпщIэ-жэуапхэмкIэ наIуэ ­хъуащ фестивалым хыхьэ щэнхабзэ пшыхьхэм уе­плъы­ныр сом 800-м щы­щIэдзауэ 2000-м нэс зэра­уасэр е концертитI-щым я билетхэр зэубыдылIауэ къэп­щэхумэ, зэрынэхъ пу­дыр. Тимур къыхигъэщащ фестивалым текIуэдэнур жыжьэрэ гъунэгъуу билетхэм къазэрыщIэмыкIы­нур, ауэ нэфI-ней хэлъу цIыхухэр абы егъэблэгъа мыхъун пап­щIэ, пщIэ зэ­рыхуагъэу­выр.

Кавказ Ищхъэрэм и къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэ­хэм нэмыщI фестивалым хэтынущ Беларусым и къэфакIуэ гупи.

Зэхыхьэшхуэр зэре­кIуэ­кIыр трахынущ икIи абы щыщ Iыхьэхэр Урысейм и телевиденэхэм ящыщ зымкIэ къагъэлъэгъуэжынущ. 

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2024 - 12:25

Къэралыр ядэIэпыкъунущ

«Агроэкспресс» пэхуэщIэр егъэжьэным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирегъэкIуэкI Узбекистаным и гъусэу, къитащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ

10.12.2024 - 09:09

Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

10.12.2024 - 09:03

ЛIыгъэр зыщагъэгъупщэркъым

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур.

10.12.2024 - 09:03

Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ

Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж

09.12.2024 - 15:59

Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м.