Журналистым и псалъэр дыщэ пэлъытэщ

Железноводск курорт-къалэм гъубжым щекIуэкIащ «Инфорум» журналистхэм я егъэджэныгъэ форум. Ставрополь крайм и Правительствэмрэ Урысей и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэIущIэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ хэтащ медиаэкспертхэр, политологхэр, къэрал унафэщIхэр. «Планёрка» зи фIэщыгъэ зэхыхьэм и темэ нэхъыщхьэу щытащ иужьрей зэманым зэбграгъэх хъыбарыщIэ нэпцIхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэр. Форумым и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разиятрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ.

Форумым хэтхэм видеозэпыщIэныгъэкIэ закъыхуигъэзащ Луганск ЦIыхубэ Республикэм и Антрацитовскэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм щыIэ, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир.

УнафэщIым къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Ставрополь щIыналъэр зэхуэсыр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэу къызэрыхахам папщIэ икIи къыхигъэщащ зауэ операцэ хэхам и лъэхъэнэм журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

- Ди къэралым къыхуэгъэзауэ хъыбарегъащIэ зауэ зэхаублащ. Нобэ зауэ зэпэщIэтыныгъэр щекIуэкIыр губгъуэхэм я закъуэкъым, - къыхигъэщащ Владимировым. - Журналистым и къалэмым, абы и акъылымрэ и еплъыкIэмрэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ операцэр зэрыщыт дыдэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ. Си гуапэщ журналистхэмрэ эксперт зэгухьэныгъэхэмрэ щызэхуэзэу я еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшэну, дыкъэзыухъуреихь фейкхэм зэрапэщIэтыну щIыкIэхэр яубзыхуну иджыри зэ ди щIыналъэр къызэрыхахар. Нэхъыщхьэращи, къэралымрэ дуней псомрэ щекIуэкIыр ди цIыхухэм я деж зэрынахьэсын Iэмалхэр къызэрагъэпэщыфынущ.

Ди къэралым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьёв Владимир и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ УФ-м къыпэщIэту иджыпсту пропагандэ лъэщ зэрылажьэр, урысей цIыхухэм яхуэгъэзауэ хъыбарыщIэ нэпцI куэд зэрызэбграгъэхыр.

- Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къалэнхэр гъэзэщIэн зэрыщIэздзэрэ мыпхуэдэ егъэджэныгъэ форуму 49-рэ едгъэкIуэкIащ. Мы махуэм Железноводск щекIуэкIыр, 50-нэр, щытыкIэщIэм тету къызэдгъэпэщащ. Ар тетынущ планёркэ щIыкIэм. Дэ иджыпсту зэман мытыншым дыщопсэу. Журналистхэм цIыхубэм я деж нахьэс дэтхэнэ зы псалъэри дыщэ пэлъытэщ. Абыхэм гу зылърагъэтэн, абыхэм я гупсысэр зэтрахун папщIэ социальнэ сетхэм хъыбар нэпцIхэр къизылъхьэхэр куэдыкIей хъуащ, абыхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэзар ди къэралым Луганск, Донецк ЦIыхубэ Республикэхэм зауэ операцэ хэха зэрыщригъэкIуэкIырщ, - къыхигъэщащ Соловьёвым. - Ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ дэ зы утыкум журналистхэр, экспертхэр, къэрал унафэщIхэр щызэхуэтшэсыну мурад щIэтщIам. Абыхэм я зэпсэлъэныгъэм къыхэхыпхъэщ иджырей щытыкIэм зэпIэзэрыту къызэрикIын хуей Iэмалхэр. Гугъэшхуэхэр сиIэщ ар къыдэхъулIэну. Нобэ мы щIыналъэм щедгъэжьа егъэджэныгъэ форумыр къэралым и адрей щIыналъэхэми къыддаIыгъыу абыхэми апхуэдэ жэрдэмкIэ зыкъытхуагъэзэну ди гуапэщ. Дэтхэнэ щIыналъэми Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэ щыIэщ. ЗэIущIэхэм я щытыкIэнур, къыщаIэтыну Iуэхугъуэхэр щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм езыхэм зэтраухуэну Iэмал яIэщ.

ЗэIущIэм къыщызэхуэсахэм захуигъэзащ Ставрополь крайм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Баканов Вадим.

- Ди IэщIагъэм теухуауэ цIыху куэдым дахуозэ, я гупсысэхэр, я еплъыкIэхэр къытхуаIуатэ. Ди къэралым щыпсэухэм я нэхъыбэм даIыгъщ дзэ операцэ хэхар. Ауэ абыхэм Iуэхум и щытыкIэ дыдэр нэгъэсауэ къазэрыгурыдгъэIуэн Iэмэпсымэхэр къыдомэщIэкI. Хъыбар нэпцIхэм ягъэщхьэрыуэфын куэд, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди цIыхухэм яхэтщ. Дэ, журналистхэм, ди къалэн нэхъыщхьэр хъыбарым и пэжыпIэр нэхъ псынщIэIуэу цIыхубэм я деж нэтхьэсынырщ, фейкхэмкIэ абыхэм я щхьэр ямыкудэн папщIэ. Нобэрей зэхыхьэм дыкъыщытеувыIэн хуейщ хъыбар нэпцIхэр зэредгъэкIуэтэкIын, Iуэхум и пэжыпIэр нэгъэсауэ зэпкърыхауэ ди щIэджыкIакIуэхэмрэ телевизореплъхэмрэ я деж зэрынэтхьэсыну щIыкIэхэр къыхэтхыным.

 - Мы форумым дыкъыщIыщызэхуэсар нобэкIэ дызыхэт Iуэхугъуэ зэхэзэрыхьам дыкъызэрикIыну Iэмалхэм дытепсэлъыхьыну аращ. А унэтIыныгъэращ политологием иджри. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, журналистикэр и къежьапIэкIэ консервативнэ IэщIагъэхэм ящыщу зэрыщытыр. И нэхъыбэм къагъэсэбэпыр зы Iэмэпсымэщ - хъыбарыщIэ къэгъуэтауэ ар цIыхубэм я деж нэхьэсынырщ. Ауэ а псом къадэкIуэу журналистхэм зэпалъытэ а хъыбарыщIэр цIыхубэм зэрыбгъэдэлъхьапхъэмрэ ар къызэрыгурыIуэнумрэ. Хъыбархэр куэдыкIейщ, абыхэм ящыщу щIэджыкIакIуэм нэхъ фIэгъэщIэгъуэн хъунур къыхэхыпхъэщ. КIуэ пэтми хъыбарыщIэхэр нэхъ кIэщI мэхъу. Социальнэ сетхэм секунд бжыгъэм кърагъэзэгъэф хъуащ хъыбархэр, - жиIащ политолог, «ЩIыналъэхэм я клуб» къэрал эксперт зэпыщIэныгъэхэм я унафэщI Старовойтов Сергей. - Политологхэмрэ журналистхэмрэ зэпыщIащ - зыр адрейм хуэныкъуэщ. Журналистхэр политологхэм хуейщ щытыкIэм ехьэлIа хъыбар нэхъыбэ зрагъэщIэн папщIэ. Политологхэм журналистхэр къагъэсэбэп я еплъыкIэхэр цIыхубэм я деж нахьэсын щхьэкIэ. Ди цIыхухэм хъыбарыщIэхэр къаIэрыхьэну хуитыныгъэ яIэщ. Ахэр абы хуэныкъуэщ, ерыскъыпхъэхэм, хьэуам, щыгъыным зэрыхуэныкъуэм хуэдэу. Нобэрей зэхыхьэр къэдгъэсэбэпу лъэныкъуищри - форумыр щедгъэкIуэкIын щIыпIэ къыдэзыта къэрал унафэщIхэр, щытыкIэр зыхуэдэм цIыхубэр щызыгъэгъуазэ я деж нэзыхьэс журналистхэр, хъыбарым и купщIэр зэпкърызых политологхэр - дыкъытеувыIэпхъэщ къэралымрэ дунеймрэ щекIуэкI Iуэхугъуэхэр пэжу, зэпкърыхауэ цIыхубэм къазэрыгурыдгъэIуэн Iэмалхэр къыхэтхыным.

ЦIыхубэ еплъыкIэхэр къэхутэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым и аналитик Карманов Александр и докладым форумым хэтхэм икъукIэ гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ едэIуащ

- Куэдрэ дрохьэлIэ хъыбар нэпцIхэм. Дэ ди лэжьыгъэр тегъэщIащ интернетым къыщекIуэкI цIыхубэ еплъыкIэхэр зэпкърыхыным. Гу зылъытапхъэщи, ар икъукIэ къаруушхуэ зыщIэлъ Iэмэпсымэщ. СызэреплъымкIэ, ар цIыхухэм я гупсысэр зэтезыху хъыбарегъащIэ дзэ пропагандэм и щытыкIэхэм ящыщ зыщ. КъызэрыгуэкI цIыхум инэхъыбэм Iэмал иIэкъым апхуэдэ хъыбархэм я пэжыпIэр зэхигъэкIыну. Иужьрей илъэс ныкъуэм къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм фейк хъыбархэм мелуан 4I-м щIигъурэ щеплъащ. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр, дэ дызэреплъымкIэ, цIыхубэм гужьеигъуэ яхэлъхьэнырщ, щытыкIэ зэпIэзэрытыр зэтехунырщ. ХъыбарыщIэ нэпцIхэр къэдгъэнаIуэурэ, ахэр зэрымыпэжыр къагурыдгъэIуапхъэщ, Iуэхур зэрыщыт дыдэр, абы и пэжыпIэр ди цIыхухэм едгъэлъагъупхъэщ, - къыхигъэщащ Кармановым.

Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ икIи дзэ операцэ хэха щекIуэкI щIыналъэм щилъэгъуахэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ «РИА «Новости» хъыбарегъащIэ IэнатIэм и дзэ корреспондент Ореховэ Регинэ. Донецк, Луганск ЦIыхубэ Республикэхэм щекIуэкI дзэ операцэ хэхам зэрыщIидзэрэ абы щыIэ, щытыкIэр зи нэкIэ зылъэгъуа корреспондентым «Планёрка»-м хэтхэм яхуиIуэтэжащ, хамэ къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм Iуэхугъуэхэр зэблэшауэ дунейм хахьэну зэрыхэтыр.

Абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, зы Iуэхугъуэ гуэр къэхъуамэ, абы щыщ пычыгъуэ щхьэхуэхэр къыхахрэ езым я еплъыкIэ щIагъужрэ цIыхубэм хъыбар нэпцIхэр Iэрагъэхьэным телажьэ хамэ къэрал журналист куэд щыIэщ зауэм. - Апхуэдэхэм жаIэхэр зэрымыпэжыр къыщIэдгъэщын, уеблэмэ, пцIы яупсыну Iэмал едмытын папщIэ дызрихьэлIэ дэтхэнэ Iуэхугъуэри нэгъэсауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпкърыхауэ къызэрыдгъэлъэгъуэным иужь дитщ иджырей дзэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыпIэм дыщыщылажьэкIэ, - жиIащ Ореховэм.

«Планёрка» форумым и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ Ставрополь крайм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, щIыналъэм и Правительствэм и аппаратым и унафэщI, щIыналъэ политикэ советым и Президиумым хэт Бабкин Игорь, Урысей Федерацэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Токарский Денис сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэпсэлъэныгъэхэм я модератору щытащ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Загитовэ Юлиерэ Старовойтов Сергейрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.