КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм яIущIащ. «Отбор» жылапхъэгъэкI центрым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ хамэ къэралхэм кърашу щытахэм я пIэ иувэнухэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн, Прохладнэ щIыпIэ администрацэм и унафэщI Журавлёв Андрей, КъБР-м зыужьыныгъэмкIэ и корпорацэм и унафэщI Чочаев Ахъмэт сымэ. Мэкъумэш лэжьакIуэхэмрэ республикэм и Iэтащхьэмрэ гъавэ Iухыжыгъуэр зэрекIуэкIым и гугъу ящIащ, лэжьыгъэм епха Iуэхухэр къаIэтащ, IуэхущIапIэхэр хамэ къэралхэм кърашу щыта Iэмэпсымэхэм хуэмыны-къуэу лэжьа зэрыхъунум, къэралым абыхэм зэрызащIигъэкъуэфыну щIыкIэм тепсэлъыхьащ.
КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, гъавэр пIалъэм къыкIэрымыхуу Iуахыж. Дызэрыт зэманым ирихьэлIэу гуэдзрэ хьэуэ гектар мин 70-м нэс IуахыжакIэщ. Абы щыщу гектар мин 44,2-р гуэдзщ, гектар мин 18,7-р хьэщ. Псоми зэхэту къытрахар тонн мин 239,4-м нос, зы гектарым хуэзэу - центнер 34,4-рэ. Ар процент 3,2-кIэ нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ.
КIэртIоф пасэр гектар мин 0,7-м къыщатIыжакIэщ. Зы гектарым хуэзэу ику иту къыщIахыж хабзэр центнер 392,1-ти, иджы псори зэхэту кIэртIоф тонн мин 26,9-рэ къатIыжащ. Ар процент 16-кIэ нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ. Губгъуэ лэжьакIуэхэм иджыри гъавэр гектар мини 7,2-м щыIуахыжащ. Псори зэхэту ар мэхъу тонн мин 68,7-рэ.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм язщ республикэм жылапхъэгъэкI лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр. IуэхущIапIэ пажэу абы и лъэныкъуэкIэ къалъытэр «Отбор» IуэхущIа-
пIэрщ. 1991 гъэм къызэрагъэпэщауэ щыта центрыр Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Комсомольское къуажэм дэтщ. Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и жылапхъэгъэкI къудамэм мы агрофирмэр пашэ щыхъуащ. Абы щагъэхьэзыр нартыху лъэпкъыщIэхэр, гъавэхэкI жылэхэр. IуэхущIапIэм щIым зэрелэжь IэмалыщIэхэр щаубзыху, мэкъумэшхэкIхэм щолэжь. Ар ядолажьэ Урысейми хамэ къэралхэми къэкIыгъэ гъэкIынымкIэ щыIэ институтхэм. Псалъэм папщIэ, Аргентинэм, Китайм, нэгъуэщI къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэм.
2004 гъэм Урысейм щагъэунэхуа къэкIыгъэ лъэпкъыщIэхэр хъумэнымкIэ къэрал комиссэм къабыл ищIауэ щытащ «Отбор» IуэхущIапIэм щагъэкIа «Ирида» нартыху жылэр. А лэжьыгъэр фирмэм иригъэкIуэкIат Воронеж нартыхумкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и гъусэу. 2007 гъэ лъандэрэ «Ирида»-р къэрал реестрым хатхауэ, Курыт, КъухьэпIэ-Сыбыр щIыналъэхэм щыхасэныр фIыуэ къалъытэ.
Хъупхъэхэх IуэхукIэ «Отбор» центрыр хохьэ нартыху лъэпкъыщIэхэр къэгъэхъунымкIэ зэзыгъэуIу советым, жылэ хэгъэхъукIын IуэхукIэ - Нартыхум елэжь лъэпкъ зэгухьэныгъэм.
Жылэ зэрыхихым нэмыщI, фирмэм егъэкI гуэдз, хьэ, горох, дагъэ зыщIаху сэхуран, рапс, сое. «Отбор» фирмэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр. IуэхущIапIэм зэманым декIу IэмэпсымэфIхэр иIэщ, и лэжьыгъэр зыхуей хуэзауэ зэрыригъэкIуэкIыфын Iэмалхэр бгъэдэлъщ.
2018 - 2019 гъэхэм КъБР-м зыужьыныгъэмкIэ и корпорацэм зыкъыщIигъакъуэри, агрофирмэм иухуащ илъэсым тонн 5000 къыщIэзыгъэкI, нартыху лъэпкъыфIхэм я жылэ зыгъэхьэзыр завод. IуэхущIапIэм фIыкIэ узыщегъэгугъ хамэ къэралхэм кърашу щыта икIи ипш хъу- ну жылэхэр гъэкIынымкIэ. «Отбор»-м и жылэхэр щызэбграш Къэбэрдей-Балъкъэрым щегъэжьауэ Алтай крайм нэс. Абы къыщIигъэкIхэм къыщIоупщIэ КавказщIыбым, Азие Курытым, Африкэ Ищхъэрэм, Белоруссием, Монголием щыщ IэщIагъэлIхэр. Илъэс къэс хохъуэ фирмэм хамэ къэралхэм яхуригъашэхэм я бжыгъэм. «2021 гъэм нартыху, гуэдз, хьэ жылэу сом мелуан 29-рэ и уасэ хамэ къэралхэм ярищамэ, 2022 гъэм и япэрей мазихым къриубыдэу фирмэм сом мелуан 22-м щIигъу и уасэ ищакIэщ», - щыжиIащ зэIущIэм «Отбор»-м и унафэщI Джыназ Расул.
КъБР-ми Урысей псоми я мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Отбор» фирмэм нэхъри нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зиужьыным, абы къыщIигъэкI мэкъумэшхэкIхэм зэрыхуэныкъуэм къыхэкIыу. Зэхуэсым къекIуэлIахэр тепсэлъыхьащ абы и лэжьыгъэр ефIэкIуэн, и инфраструктурэм зиубгъун папщIэ къэралым къыхуищIэфынухэм.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ къэралым дэтхэнэ гупыж узыншэми жану зэрызыщIигъакъуэр, псом хуэмыдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэныкъуэхэм.