|
ШЫЩХЬЭУIУ
3 августа, 2022 - 07:30
Еянэ мазэм, августым, Римым и пащтыхь Октавиан Август и цIэр фIащащ. Адыгеибзэ псалъалъэми итыр а фIэщыгъэцIэращ: «Августыр гъэмэфэ мэзищым ящэнэрэ. Августыр гъэмэфэкIэ маз».
Къэбэрдейхэми адыгейхэми ди зэманым къагъэсэбэпыр «шыщхьэуIу» псалъэращ. Ди деж здрахауэ, ди лъэпкъэгъу Сирием, Иорданием щыпсэухэми жаIэр аращ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, шыщхьэуIу мазэм удзхэр мэгъуж, щIыми бжьыхьэмэ къыхихын щIедзэ.
«ШыщхьэуIу» псалъэм къикIыр нэсу убзыхуакъым. Нэхъыжьхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар шыр, и щхьэр ищIу зэрызэбэдзауэм, жьы зэрызыщIигъэхум къытекIащ. Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыпхрэ уеплъми и мыхьэнэр гурыIуэгъуэкъым. Мыпхуэдэ псалъэ къэхъукIэм куэдрэ урихьэлIэркъым. Нэгумэ Шорэ къегъэсэбэп гамахокемазh псалъэр: гъэмахуэм и кIэ мазэ. «Гамахокемазh – гъэмахуэкIэмазэ» - «лета конечный месяц».
Мы мазэм зекIуэ ежьэнухэм я шыр бжьыхьэ зекIуэм хуагъэхьэзырырт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бо кIыфIым щIэту шыхэр ягъашхэрт, пщыхьэщхьэ жьауэм и деж къыщIашурэ зрагъэукъуэдийрт, телъэщIыхьырт, ягъэпскIырт.
Апхуэдэурэ махуэ тIощI нэсыхукIэ ягъэшха шым лы зытрилъхьа иужькIэ мащIэ-мащIэурэ къагъажэу, псы къежэхым хагъэтт, жэрыгъэ кIыхькIи ягъэунэхуурэ шыр зэпэщ ящIырт.
|
26.03.2023 - 12:35 А цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт лъагапIэм. |
|
26.03.2023 - 09:25 Жэбалы Заирэ зи лэжьыгъэхэм псэм зыдащI сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Абы щIэщыгъуэ къыхелъагъукIыф дунейм. И сурэтхэр къыхех щIыуэпсым, къаIэпех къуалэбзухэм, къахегъуатэ къэкIыгъэхэм. |
|
26.03.2023 - 09:25 Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхь |
|
25.03.2023 - 10:05 «Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. |
|
25.03.2023 - 09:25 Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Лъы тыи, цIыхур къегъэл» Iуэхур.
|
|