АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Ажэкъуэ – ар и фIэщыгъэщ Лабэ хэлъэдэж псы бгъунж цIыкIумрэ ар зыблэж хъупIэмрэ. Мыпхуэдэ щIыпIэцIэ Сочэ и Iэхэлъахэми ущрохьэлIэ. УрысыбзэкIэ «Ажек» хужаIэ.

Ажэжьбэкъу – Лабэ адрыщIкIэ щыпсэу къэбэрдей адыгэхэр апхуэдэу йоджэ КIыщейрэ (Киша) Уэрыстэнрэ (Уруштен) я зэхуаку дэт  шытхым, зэкъуэшитI фIэкIа умыщIэну, зэгъунэгъубзэу зэдытет бгыжьитIымрэ ахэр зэпызыщIэ гузэпыщIэмрэ. Ажэжьбэкъу зи фIэщыгъэ Iуащхьэжьыр Адыгейм щыIэ Хуэдз къэбэрдей жылэшхуэм удэту хуиту уолъагъу.

Ажийхэ я псынащхьэ – Инжыдж цIыкIу и Iуфэм Iус ПсэукIэдахэ адыгэ-абазэ къуажэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. «Ажий» псалъэр абазэбзэм къытехъукIащ.

         Ажьо хэкужъ – шапсыгъ фIэщыгъэщ, хы ФIыцIэм хэлъадэ Ашэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къедза и щIыпIэм щыIэщ, «Ажьохэ я хапIэжь» жыхуиIэщ. Лыгъуэтх шапсыгъ къуажэм пэжыжьэкъым.

         Азыгъуч – Псыбэ и сэмэгу лъэныкъуэм Iут лъагапIэщ. Мы жыIэгъуэм и япэ IыхьэмкIэ зэхэухуэна хъуа щIыпIэцIэ зыбжанэ а Iэгъуэблагъэм щызэхэпхынущ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ: «Азипс» - псыпцIэ псы цIыкIур (Апостолов); «Азюпсь» - Убын хэлъадэ псы бгъунжыр (Люлье); «Азжьхе» - Пшышэ хэлъадэр (Хъан Джэрий), нэгъуэщIхэри.

Азып – шапсыгъ псалъэщ, Агуипс (Агупс) и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ псынэпс псы цIыкIум апхуэдэу йоджэ. Мы щIыпIэм пэмыжыжьэу ущрохьэлIэ Азыпэтх бгы екIуэкIми,  абы и щхьэщыгу ит Азыпэтха(ы)хъу – хъупIэми.

Азыпэ ичIыгъу (икIыгъуэ) – Пшыш псым тыншу ущызэпрыкI хъу щIыпIэм а цIэр трагъэIукIащ. БзэщIэныгъэм зыдезыгъэхьэххэм ящыщу языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, азы – пычыгъуэр абазэбзэм хэт адзы – псы псалъэм къытепщIыкIащ.

Атакъэзау (Адакъэзауэ) – Бзыч (убыхыбзэщ, «псы щIыIэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуу Шахэ хэлъэдэжым ищхьэхэмкIэ щыIэ бгым и цIэщ. Мы Iэхэлъахэрщ уащрихьэлIэр «АтакъэзэуапI» цIэр зытрагъэIукIа къыр дзакIэжь зэупсэеяхэми.     

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.