АДЫГЭХЭМ Я САБИЙ ГЪЭСЭКIЭУ ЩЫТАР

Дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым щIэблэ махуэ, щIэблэ узыншэ, щIэблэ гъэса диIащэрэт, жимыIэу. Ар апхуэдэу къокIуэкI игъащIэ лъандэрэ, шэч хэмылъуи, екIуэкIыну къыщIэкIынщ къэкIуэну зэманми.

Дауи, лъэпкъхэм я щIэблэм ират гъэсэныгъэр теухуат а лъэпкъхэм езыхэм я псэукIэм, я тхыдэм и къекIуэкIыкIам, я лэжьыгъэм, я хабзэм. Апхуэдэу щIым елэжьу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм я щIэблэр хуагъасэрт губгъуэ лэжьыгъэм, былым зезыхуэ, зыгъэхъухэм я щIэблэр – Iэщым и пIалъэхэм, щакIуэхэм – щакIуэ Iэмалхэм.

Ещхьыркъабзэу, лъэпкъхэр тепщэрэ пщылIу зэхэт щыхъуам пщыжь-уэркъыжьхэм я быныр щIапIыкIыу хуежьащ гуащIэрыпсэу цIыхур зэрыдакъузэным, ар зэрагъэпщылIыным, мыдрей лэжьакIуэбэми быныp хуигъасэрт лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым и мыхьэнэм, захуагъэм, пэжыгъэм.

Тхыдэм нэхъ жыжьэ узэпрыплъыжыхукIэ щIэблэ гъэсэкIэ, ущиикIэр нэхъ къызэрыгуэкIыу щытащ: нэхъыжьхэм езыхэм ящIэ, ялэжь Iуэхугъуэхэм нэхъыщIэхэр хуагъасэрт, щIагъэдэIурт, кIэлъагъэплъырт. Уеблэмэ, абы къыхэкIагъэнкIи хъунущ лъэпкъ куэдым хабзэ яхуэхъуар: нэхъыщIэхэм нэхъыжьхэм пщIэшхуэ, нэмыс хуащIыныр. Нэхъыжьым щIедаIуэр, абы и псалъэхэр тIу ямыщIу щIагъэзащIэр ар зэрынэхъыжь къудейр аратэкъым, атIэ гъащIэм нэхъыбэ зэрыхищIыкIырт, зэрынэхъ Iэзэрт, абы и жыIэ уедаIуэмэ, уи Iуэхур зыхуей нэхъ зэрыхуэзэнурт.

 Апхуэдэурэ лъэпкъхэм я хабзэ куэд зэфIэуващ, ахэр нэмыс, хьэл-щэн хъуащ. Ар ехьэлIащ унагъуэ псэукIэ хабзэми, губгъуэ лэжьыгъэми, мэкъумэш зехьэкIэми, жылэм дэлъа хабзэми. Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэм я щIэблэ гъэсэныгъэр пасэм щыгъуэ нэхъ щекIуэкIыу щытар унагъуэрщ. Абы къытекIагъэнущ «Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ» псалъэжьри. Ауэ абы къикIыркъым гъэсэныгъэр унагъуэм, абы ис адэ-анэ, къуэш-шыпхъу, адэшхуэ-анэшхуэ къудейхэмкIэ зэфIэкIыу щытауэ. ЩIэблэр щагъасэрт губгъуэми, уэтэрми, вакIуэ пщыIэми; щIэблэр яущийрт гъунэгъуми, хамэ ямыцIыхухэми; щIэблэр щеджэрт хьэщIэщми, хьэгъуэлIыгъуэми, дауэдапщэми, хасэми. Ар игъэIущырт мэзми, псыхъуэми, и ныбжьэгъуми, и джэгуэгъуми. Абы и лъэныкъуэкIэ, мыхьэнэшхуэ яIэу щытагъэнщ «Узыхэтым уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж» псалъэ шэрыуэм хуэдэхэми.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэхэм бзылъхугъэхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ я гъэсэныгъэр зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Сабийр илъэсибл хъухункIэ апхуэдэу зэхадзыртэкъым. Хъыджэбз цIыкIухэми щIалэ цIыкIухэми я Iуэху нэхъ зезыхуэр цIыхубзхэрт: анэшхуэ, анэ, адэ шыпхъу хуэдэхэрат.

ИтIанэ щIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр - цIыхухъухэм, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсэныгъэр цIыхубзхэм къащтэрт. Бзылъхугъэр щагъасэкIэ нэхъ нэ лейкIэ еплъырт хъыджэбз цIыкIум цIыхубз Iуэху ищIэфу егъэсэным, унагъуэ зэрихьэфу, дэфу, пщэфIэфу, IэпщIэлъапщIэу хидыкIыфу, цы ипщIыфу, ипхыфу, иджыфу, цеяпхъэ зэIуищэфу.

КIэщIу жыпIэмэ, унэ ихьа нэужь зыхуеижыну, къыщхьэпэжыну лэжьыгъэхэм хуагъасэрт. А псом къыдэкIуэу, хъыджэбз цIыкIухэр хуагъэIущырт хьэл-щэн дахэ яхэлъу, зэпIэзэрыту, ину мыпсалъэу, мыгъуэлэгъуасэу, мыщхьэхыу, укIытэ яIэу, нэхъыжь-нэхъыщIэ ящIэу, нэмысыфIэу къэтэджыным.

 ЩIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр нэхъ зытеухуар цIыхухъу лэжьыгъэ зэфIагъэкIыфу, къарууфIэу, бэшэчу, жыIэдаIуэу, шууей Iэзэу, акъыл жан яIэу, тэмакъкIыхьу, дуней и пIалъэ ящIэу къэгъэхъунырт. Адыгэхэм я сабийр пIынымрэ ар гъэсэнымрэ зэщхьэщагъэкIыу щытащ.

Сабий пIыным нэхъ къиубыдыр ар гъэшхэн, хуэпэн, зыхуей хуэгъэзэныр арат. Сабий гъэсэным нэхъ хыхьэр ар лэжьэкIэ, цIыху хэтыкIэ ищIэу къэгъэтэджынырт.

ЖыIапхъэщ адыгэхэм гъэсэныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэм щыщу нэхъыщхьэ дыдэу ялъытэр щIэблэр лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым щIэпIыкIын хуейуэ ябжу зэрыщытар. ЩIалэгъуалэм лэжьэкIэ ящIэу къэгъэхъуныр мурад къудейтэкъым, атIэ ар икIи лэжьыгъэм зэрыхуагъасэ Iэмалт. Iуэхур тэрэзу зыщIэфу еса щIэблэм нэхъыжьхэр сыт щыгъуи игъэгуфIэрт, абы иригушхуэрт. Сабийр узыншэу, гъэсауэ къэтэджыным адыгэхэр пасэ дыдэу иужь ихьэрт. Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, гуащэм и нысэм «дагъуэ» иIэу гу щылъитам и деж, абы и нысэгъухэм е я гъунэгъу фызхэм жрыригъэIэрт нысэ цIыкIур дауэ зыхуэсакъыжын, дауэ зыкIэлъыплъыжын хуейми. Абы къикIыртэкъым уэндэгъу хъуа нысащIэр щхьэнтэм тесу щыгъэсын хуейуэ. Ар икIи ягъэлажьэрт, икIи ягъэIэбэрт, псом хуэмыдэу къикIухьу, Iэуэлъауэу щытмэ, нэхъыфIу жаIэрт, гухъу ягъакIуэрт, щхьэл цIыкIукIэ ягъэхьэжэрт, ауэ хьэлъэ кърагъэIэтыртэкъым, пхъэхьэ-псыхьэр паубыдырт. Псом хуэмыдэу хуэсакъырт сабий зыгъуэтыну нысащIэм и Iэр къэIэта зэпыту Iуэху хьэлъэ имыщIэным. Апхуэдэу ятIэ зэрырагъэхьэртэкъым, унащхьэ щIрагъаертэкъым, нартыху щIрагъэгъэпщыртэкъым. Адыгэхэм ялъытэрт нысащIэм и Iэхэр къиIэтауэ Iуэху ищIэмэ, ныбэм илъ сабийм зигъазэу бынжэпсымкIэ зитхьэлэжыну. Фыз уэндэгъур Iэмал зэриIэкIэ нэщIэбжьэмрэ гукъеяуэмрэ щахъумэрт. Ар хьэдагъэ ягъакIуэртэкъым, ар щыту зыри кIий-гуортэкъым, зыр адрейм хуилъыртэкъым, Iугъуэм и нэпс къыщIихуу пщэдджыжь мафIэ ирагъэщIыртэкъым.

Сабийр зыгъуэтынум и шхынкIи хуэсакъ зэпытт. НэхъыфIу къалъытэрт цIыхубз уэндэгъум хуадагъэ зыщIэлъ нэхъыбэу ишхмэ, шыугъэкIэ мыерыщмэ, ауэ гуащIэ зыщIэлъ паубыдыртэкъым. Сабий пэплъэ нысащIэм еупщIхэрт: «Сыт нэхъ уигу къыпылъэда?» – жаIэурэ икIи ар зыщIэупщIэр, Iэмал иIэмэ, къыхуагъуэтырт. Ялъытэрт а ерыскъыгъуэм хуейр сабийр арауэ, ар нысащIэ уэндэгъум ирамыгъэшхмэ, сабийм зыгуэр хущыщIэу къалъхуну.

Адыгэхэм фыз уэндэгъур бдзэжьейм ирагъэплъыртэкъым, тхьэкIумэкIыхьми бгъэдагъэхьэртэкъым. КъазэрыфIэщIымкIэ, фызыр бдзэжьейм еплъмэ, сабийр нэкъиж хъунут, тхьэкIумэкIыхь илъагъумэ, дзадзум и Iупэхэр ерыкъ хъунут.

НысащIэ уэндэгъур пасэм щыгъуэ и дыщым яшэжрэ абы щызэIэпыкIыу е унэм и Iуэхур щызэфIэкIыу щытащ. Дунейм къытехьа сабийм и бынжэр паупщIа нэужь ехъуэхъухэрт, щIалэ цIыкIумэ, лIыгъэ иIэ хъуну, шыхъуэжьу, лэжьакIуэшхуэу и цIэ Iуну, хъыджэбз цIыкIумэ, насыпыфIэ, лIыфIнатIэ, дыщэр и Iэпэм къыпыщу IэпщIэлъапщIэ хъуну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.