ЛЪЭПКЪ ГАЗЕТХЭМ Я ЛЪАГЪУЭХЭШ

Ди бзэкIэ газет къыдэгъэкIыным иужь ихьа, а гупсысэр зигу къэкIа цIыхухэм, дауи, фIыщIэ яхуэфащэщ. Нобэ газетыр зэхэгъэувэным, къыдэгъэкIыным гугъуехьу пылъым щыгъуазэхэм фIыуэ къагуроIуэ, илъэсипщI бжыгъэкIэ узэIэбэкIмэ, адыгэ журналистикэм и лъагъуэр хэзышахэм зэфIагъэкIа Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
I923 гъэм гъатхэпэм и 8-м къыдэкIауэ щытащ хьэрып алыфбейкIэ тха «Адыгэ макъ» япэ адыгэ газетыр. Зи бжыгъэкIэ 500 хъууэ къыдэкIа япэ номерыр зыIэрыхьа цIыхухэри зэрыхьа унагъуэхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ абы – ди бзэкIа тха газетым и гъуэгу зэIуха хъуат. Абы щыгъуэм цIыхухэм яхуэгъэза джэпсалъэу Хьэхъурэт Шыхьанджэрий итхыгъат: «ЧеркесыбзэкIэ тха газетым и япэ номырыр къыдэкIащ, етIуанэ номерыр ягъэхьэзыр. Газетыр гъэхьэзырыным цIыхубэр хэлэжьыхьын хуейщ, ар псоми ялъэгъэIэсыныр щIыпIэ органхэм я пщэрылъщ. ЛъэпкъыбзэкIэ газет къызэрыдагъэкIыр игъуэу къызэрилъытэм къыхэкIыу, хэку исполкомым унафэ ещI газетыр къызэрыдэкIым и хъыбарыр цIыхухэм зэхегъэхын, гуныкъуэгъуэу яIэр газетым къатхын, цIыхухэми IуэхущIапIэхэми Iэ традзэн, газетыр мазэм тIэу къыдэгъэкIын зэрыхуейм теухуауэ».
Дэфтэрхэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжамкIи, япэ лъэпкъ газетыр къыдэгъэкIыным елэжьахэм я гукъэкIыжу ди деж къэсахэм къызэрыхэщымкIи, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, журналист, публицист цIэрыIуэу щыта ХъуакIуэ Заур зэритхыжымкIи, гугъуехь мащIэкъым пылъар мы Iуэхур къызэрагъэпэщыным.
Япэ газетыр зыгъэхьэзырауэ щытар а лъэхъэнэм тхэным зезыпщыта, иужькIэ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуа, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIэрашэ Темботт. Абы итхыжащ: «А лъэхъэнэм Краснодар дэт политехникэ институтым сыщеджэрт, абы щыгъуэщ «Интернационал»-р щызэздзэкIауэ щытари. Ар къызэращIэу хэку исполкомым сашащ, Хьэхъурэт Шыхьанджэрийрэ Цуамыкъуэ Хьисэрэ «Интернационал»-р зэрызэздзэкIар ягу ирихьати, апхуэдэу адыгэбзэкIэ тхыгъэхэр зытетын газет къыдэгъэкIын зэрыхуеймкIэ дызэгурыIуащ, икIи абдежым щыдубзыхуащ «Адыгэ макъ» цIэр фIэщын зэрыхуейр. Хьэрып хьэрфкIэ абы къытеддзэнухэр стхын хуейуэ пщэрылъ къысхуащIати, ар зэфIэзгъэкIа нэужь, къалэ литографием щытредгъэдзэну дызэгурыIуащ икIи абы япэ экземпляр 500 къыщыдэкIащ!.
Апхуэдэу гъуэгу кIыхь техьащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа лъэпкъ газетыр. Абы и япэ номерым КIэрашэ Тембот зэридзэкIа «Интернационал»-р къызэрытрадзар щIэджыкIакIуэхэм гуапэ лей ящыхъуат.
Япэ «Адыгэ макъыр» нэкIубгъуиплI хъууэ къыдэкIащ. ИужькIэ, I923 гъэм бадзэуэгъуэм и 3I-м, цIыхухэм яIэрыхьащ. Ди бзэкIэ узэреджэфыр, узэрытхэфыр, къэралым щекIуэкI Iуэхум зыщыбгъэгъуэзэну Iэмал къузэритыр наIуэ ящищIащ цIыхухэм.
ИтIанэ апхуэдэ къежьапIэ зыгъуэта Iуэхушхуэр адэкIи зыгъэкIуэтэн мымащIэу къыхэкIащ лъэпкъым. Зи нэ къэзыгъэплъагъащIэ сабийм илъагъур зэрыфIэмащIэм хуэдэу, лъэкIэ теувэ газетым къыхуеплъэкIхэм я бжыгъэм хэхъуэу хуежьащ. Абы и цIэр щызэблахъуа къэхъуами, зыхуэлажьэ, лъэпкъым хуищIэ Iуэхум зэи хэщIакъым.
I926 гъэм мазаем и 3-м къыдэкIа номерым «Адыгейская жизнь» цIэр иIащ. Ари нэкIубгъуиплI хъурт, япэмрэ етIуанэмрэ – урысыбзэкIэ, ещанэмрэ еплIанэмрэ – адыгэбзэкIэ тхыгъэхэр тедзат. I929 гъэм лъэпкъ газетым и цIэр аргуэру зэблахъу – «Гъубжэрэ уадэрэ». Ар тхьэмахуэм щэ къыдэкIыу зэтраублат. Абы иужькIэ, I93I гъэм гъатхэпэм и I-м, адыгэ газетыр «Колхоз бэракъ» фIэщыгъэцIэр иIэу дунейм къытехьащ. Абы и тиражыр 7880-м нэсырт. ИтIанэ «Социалистическэ Адыгей» цIэр иIэу газетыр илъэс 63-кIэ къыдэкIащ.
 «Адыгэ макъыр» зэфIэувэн папщIэ зи гуащIэ хэзылъхьа куэдым я цIэ къиIуапхъэщ. Хэку зауэшхуэм ипэ, иужь илъэсхэм абы щылэжьа журналистхэм я цIэр куэдым ящIэ. А зэман жыжьэм газетым щылэжьахэр акъыл жан зиIэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэт. Куэдым я мурадрэ лэжьыгъэфIрэ къызэпиудащ Хэку зауэшхуэм. Къалэм зыгъэтIылъу Iэщэр къэзыщта журналист мин бжыгъэхэм яхэтащ лъэпкъ газетым и лэжьакIуэхэри. Журналист I4 зауэм и мафIэм Iухьэри, хэкум, лъэпкъым я пащхьэ щаIэ пщэрылъыр ягъэзэщIащ.
Лъэпкъми газетми сыт хуэдиз щытхъу къахуихьа адыгэ газетым щылэжьа усакIуэ ныбжьыщIэ Андырхъуей Хъусен. Илъэс тIощIым иту арат ар, усэ купщIафIэ куэд къызыпыкIыну къалэмыр IэщэкIэ щихъуэжам. ЛIыгъэшхуэ щызэрихьащ Хъусен Хэку зауэшхуэм икIи Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэм къыхэкIа цIыху цIэрыIуэ куэдым «Адыгэ макъ» газетыр «кIыщ» зэрахуэхъуар. Илъэс зэхуэмыдэхэм газетым щылэжьащ тхакIуэ цIэрыIуэхэу КIэрашэ Тембот, Хьэткъуэ Ахьмэд, Пэрэныкъуэ Мурат, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къуиикъуэ Налбий, Багъ Нурбий, Нэхей Руслан, Хъурмэ Хъусен. Апхуэдэуи газетым и лэжьакIуэу щIэныгъэм и гъуэгур хэзышар мащIэкъым, щIэныгъэхэм я кандидат, доктор, профессор, академик хъуа куэдым я къежьапIэр «Адыгэ макъращ». Илъэс зэхуэмыдэхэм газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ Хьэткъуэ Ахьмэд, Андырхъуей Жантемыр, Лъэбыщэ Хьэзиз, Барцо Хьэрун, Шэртэн Хьэмед, Мерэтыкъуэ Рэмэзан, ХьэщIэмыз Биболэт, Къуиикъуэ Асфар, Бэгъущэ Азэмэт, ПIэтIокъуэ Аслъэн, Дербэ Тимур сымэ.
I99I гъэм щIышылэ мазэм и I-м газетым «Адыгэ макъ» фIащыжащ.
Газетыр зэманыр къызэрыщ гъуджэщ. Адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр, абы и гурыгъуи и гуфIэгъуи тетащ «Адыгэ макъым». Лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ, лъэпкъыбзэм зегъэужьынымкIэ, адыгэ литературэр зэфIэувэнымкIэ, адыгагъэр къэIэтыжынымкIэ, ахэр ди нобэрей псэукIэм быдэу хэпщэнымкIэ мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ лъэпкъ газетым. «Адыгэ макъым» блэкIа зэман жыжьэм зэфIигъэкIахэмрэ нобэ илэжьхэмрэ уасэ хуэщIыгъуейщ. ЦIыхухэр дахагъэм, захуагъэм, гущIэгъум хуэущииным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIауэ республикэм исхэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэрэ зэкъуэшыныгъэрэ дэлъыным, хэкум мамырыгъэ илъыным газетыр сыт щыгъуи хуолажьэ икIи хуэлэжьэнущ лъэпкъыр щыIэху.
Гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ газетым ди анэдэлъхубзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр хъумэным, цIыхухэм хъыбарыщIэхэр ялъэгъэIэсыным телажьэу. Ноби зэманым къытхуихь зэхъуэкIыныгъэщIэхэр и тегъэщIапIэу мэлажьэ, и къалэн нэхъыщхьэхэр къызыхуэтыншэу егъэзащIэ.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.