КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэта, фIы дыдэу еджэу тхылъ плъыжьыр къэзылъэща бакалаврхэмрэ магистрантхэмрэ я гъэфIэж пшыхь дахэ.
Илъэс бжыгъэкIэ щIэхъуэпсу зи къарурэ зи гуащIэрэ еджэныгъэм езыта ныбжьыщIэхэм я тхылъ плъыжьхэр къратыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор Апажэ Аслъэнрэ Iуэхугъуэм кърихьэлIа хьэщIэхэмрэ - КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Андзор, КъБР-м Iэщым еIэзэнымкIэ икIи гъэхъужынымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Iэрэмысэ Аслъэн, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэдыхь Тимур сымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и аспирантурэр ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къэзыуха щIалэгъуалэм я тхылъхэр яритыжащ «Зыуэ щыт Урысей» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Парафилов Дмитрий.
ХьэщIэхэм еджэныгъэр къезыхьэлIа ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэ куэдкIэ зыхуагъэзащ. «Нобэ гъуэгуанэ дахэ фытоувэ. Фигури фи псэри хэфлъхьэу фызэреджам и щыхьэтщ къыватыж тхылъ плъыжьхэр. Абы щыгуфIыкIыр фи закъуэкъым, дэри дрогушхуэ - дощIэ IэщIагъэ дахэ фиIэ зэрыхъуар, дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэми пэлъэщыну, зыужьыныгъэм лъагъуэщIэхэр пхишыну щIэныгъэ хъарзыни зэрывбгъэдэлъыр. Фыщалъхуа лъахэм зиIэтынуми, ефIэкIуэнуми, зиужьынуми зи Iэ илъыр фэращи, фIым и лъыхъуакIуэ фыхъуну дыфщогугъ. Къыватыжа тхылъ плъыжьым и хъер куэд фэри, IэщIагъэ къывэзыта фи егъэджакIуэхэми, фыщалъхуа лъахэми екIыну сынывохъуэхъу», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэ-мэд.
Апхуэдэу еджапIэр къэзыуххэми, абыхэм я адэ-анэхэми псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ студентхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Забаков Азэмэт. Ари езыр махуэр зыхуагъэдахэхэм ящыщт, и гуфIэгъуэри тIуащIэт - еджэныгъэр фIы дыдэу къызэриухам, IэщIагъитI иIэ зэрыхъуам и щыхьэту тхылъ плъыжьитI иратыжырт.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIауэ щытащ. Утыкур ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ-хэу ЦокIыл Азэмэт, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Теунэ Жэмал, Бэрэгъун Заур сымэ, къекIуэлIахэми щIэщыгъуэ ящыхъуащ «Каллисто», «Импульс» гупхэм я къэфэкIэри.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ШУРДЫМ Динэ.