НЫБЖЬЫЩIЭХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым къыщапщытэжащ сурэт щIынымкIэ сабийхэм пап­щIэ къызэрагъэпэща «В слове «МЫ» - сто тысяч «Я» ещанэ ­республикэ фестиваль-зэпеуэм кърикIуахэр. Ар къы­зэрагъэ­пэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэры­рикъум и щIыхькIэ.

Зэхьэзэхуэм сабий 50-м нэблагъэ хэтащ. Абыхэм я нэхъыбэр КъБР-м щыIэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэхэмрэ щылажьэхэм я щIэблэщ.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, сурэтыщI цIэрыIуэхэу Темыркъан Геннадий, Конин Анатолий, Джанкишиев Ибрэхьим, Сурхайханов Ибрэхьим сымэ. Абыхэм къапэщылът илъэси 8-19 ныбжьым итхэм я лэжьыгъэхэм хэплъэну. Сабий художествен-      нэ школхэм я гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр щхьэхуэу къапщытащ. Апхуэдэу нэхъ цIыкIу дыдэхэм (илъэси 5 - 7 хъухэм) я сурэтхэми щхьэхуэу хэплъащ.
ТекIуахэр щагъэпажэ зэхыхьэр  гукъинэжу къызэрагъэпэщат. Зэпеуэр зи жэрдэмхэм адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ  фIы­щIэ хуащIащ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым зэрызрагъэужьым папщIэ.
Фестивалыр къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, КъБР-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэр, «Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэр, «Урысей зэкъуэт» политикэ партыр я  дэIэпыкъуэ­гъуу.
 

Тхыгъэри сурэтри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.