Я НЭIЭ ТЕТЩ

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м  республикэ прокуратурэм федеральнэ хабзэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Санаров Андрей зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ жылагъуэ организацэм я лIыкIуэ щIыгъуу яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ закъыхуэзыгъэза цIыхухэм.  

Ахэр нэхъ зыгъэтхьэусыхэр псэупIэм теухуа хабзэр зэрамыгъэзащIэм къишэ гугъуехьхэрщ: фэтэрыр зейм ар и щхьэм къызэрихьэм хуэдэ\у щызэрихъуэкIкIэ, газ, псы бжьамийхэм, пэш блынхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр унэм щIэс псом я дежкIи шынагъуэ зэрыхъур.

Санаров Андрей зыхуэза дэтхэнэми  гуригъэIуащ я тхьэусыхафэм теухуауэ прокуратурэм ищIэфынур, хабзэм къигъэувыр зыхуэдэр.

Прокуратурэм зэхигъэкIынущ Iуэхур зытетыр, икIи кIэлъыплъынущ хабзэншагъэхэр зэрагъэзэкIуэжым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.