Абу-Даби и тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби щекIуэкIа 31-нэ дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ-жармыкIэм ирихьэлIащ Урысейм и тхакIуэхэр, зэдзэ­кIакIуэхэр. Къэралым икIа гупым хэтащ зи лъэпкъыбзэкIэ тхэ усакIуэхэу Къаныкъуэ Заринэ (Налшык), Га­лиуллин Рустем (Къэзан), Джалиловэ Айгюн (Мэхъэчкъалэ), Цуруев Шарип (Грозный) сыми. Урысейм и тхылъ гъэлъэгъуапIэр (стендыр) игъэхьэзыращ Гуманитар тхылътедзапIэ зэхэтым (ОГИ). Абы щагъэлъэ­гъуащ иужьрей илъэсхэм къыдэкIа художестветннэ тхылъ­хэр, тхыдэм теухуахэр, сабийхэм папщIэ ятхахэр. 

- Гупым къытхэтащ урысыбзэкIэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ тхэ­хэр. Дэ дытепсэлъыхьащ бзитIымкIи уи тхыгъэхэр бгъэпсыным фIагъыу хэлъым, тхыгъэхэр зэдзэкIыным пыщIа Iуэхухэм. Мыпхуэдэ дунейпсо щэнхабзэ зэ­хьэзэхуэхэр псом хуэмыдэу щхьэпэщ къэралышхуэм и щIыналъэхэм икIхэм я дежкIэ. Къэрал зэмылIэужьы­гъуэхэм щыщ тхакIуэхэм даIуощIэ, додаIуэ, ныбжьэгъу дызэ­хуохъу. Гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэу екIуэ­кIащ. Абы хэтахэм зыщыдагъэплъыхьащ Луврым и филиалу Абу-Даби щыIэм, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ. 

Гъуэт Синэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.