Макеевкэ щыщ ныбжьыщIэхэм зрагъэгъэпсэху

«Какваз.РФ» IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэп­сэ­хупIэхэм я нэгу зыщрагъэужь Донбассым къраша сабийхэм. 

Сабий 35-м иджыблагъэ зыщрагъэплъыхьащ Iуащ­хьэмахуэ лъапэ. Ахэр щагъэгъуэзащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм апхуэдиз зи лъагагъ бгым зэхэуэ гуащIэхэр зэрыщекIуэкIами.
«Кавказ.РФ»-м и лэжьакIуэхэм, зыгъэпсэхуакIуэхэм зе­зыгъэплъыхь IэщIагъэлI­хэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я гъу­сэу, ныбжьыщIэхэр кIапсэ гъуэгукIэ драшеящ метр 3500-кIэ. «Мир» къэувы­Iэ­пIэм деж абыхэм хуиту зап­лъыхьащ, апхуэдэуи Iуащ­хьэмахуэ бгым теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм щIагъэдэIуащ. 
«ИкъукIэ псори сигу ирихьащ. Япэу слъагъуу аращ мыпхуэдэ бгы абрагъуэхэр. ЗыхэсщIэ гурыщIэхэр къыс­хуэмыIуэтэнщ», - жиIащ илъэс 12 зи ныбжь Даниил.
Азау аузым деж ныбжьыщIэхэм балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыщ ирагъэшхащ икIи «Кавказ.РФ» IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI тыгъэхэр иратащ. 
Iуащхьэмахуэ лъапэ къы­щыщIэж нартсанэпс ирафа нэужь, ахэр щыIащ Тырныауз къалэм и гимназие   №5-м. Абдежым ахэр щрагъэ­дэIуащ Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ. 
- Балигъми хуэмыхьынщ мы сабийхэм я нэгу щIэкIам хуэдэ. А цIыкIухэм я гур  фIы яхуэтщIын щхьэкIэ я нэгу зедгъэужьыну мурад тщIащ. Ди гупым хэтхэм фIыщIэ яхузощI зэман кIэщIым къриубыдэу ахъшэ зэхуахьэсу, Донбассым ще­кIуэкI зэхэуэхэм къыхаша сабийхэм мыпхуэдэ Iуэху дахэ къызэрыхузэрагъэпэщам папщIэ, - жиIащ «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI ТIымыжь Хьэсэн. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Донецк ЦIыхубэ Республикэм хыхьэ Макеевкэ къалэм щыщ сабийхэм мы зэманым я узыншагъэр щрагъэ­фIакIуэ икIи зыщрагъэпсэху Налшык къалэм дэт «Лэгъу­пыкъу» санаторэм. Илъэси 6-15 зи ныбжь цIыкIухэр дохутырхэмрэ психологхэмрэ я нэIэм щIэтщ. Къищы­нэмыщIауэ, школ программэм къыкIэрымыхун пап­щIэ, ахэр ирагъаджэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.