ЗАЛЫМЫГЪЭМ ЩАХЪУМЭН МУРАДКIЭ

Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм щрагъэкIуэкIащ суд зытращIыхьа, ауэ зи тезырыр тутнакъэщым имысу япшыныжыну хуит ящIахэр зыхэта Iуэху. Ар теухуат экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэхэм ахэр хэмыпщIэным.

Абы ирагъэблэгъат Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым диныр зи фIэщ хъухэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэ Болэ Айвар, КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэдгъэф Аслъэн, Налшык къалэм и Iимам Хаджиев Мурат сымэ.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ ислъам диным и фIыгъуэхэр цIыхум тэмэму бгъэдэлъхьэным, абы щыгъэгъуэзэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Псом хуэмыдэу къыхагъэщащ мамырыгъэр, гуапагъэр, псапэ щIэныр, гущIэгъур зи гъуазэ ислъам диным залымыгъэр, щIэпхъаджагъэр епхьэлIэнкIэ Iэмал зэримыIэр.

Дин зезыхьэ цIыхур пэжым, захуагъэм, пщIэ зэхуэщIыным я телъхьэу щытын зэрыхуейр къыхагъэщащ хьэщIэхэм икIи тезырыр зыпшыныжхэр зыщIэупщIахэр тэмэму хузэпкърахащ. Апхуэдэу абыхэм хабзэхъумэхэм я нэIэ щIэтхэм чэнджэщ иратащ хабзэм етIуанэу ебэкъуэным зыщахъумэну.

Iуэхур къызэзыгъэпэща психолог Дал ФатIимэ зэрыжиIамкIэ, зэIущIэм хэтащ цIыху I5, абыхэм ящыщу 6-м терроризм, экстремизм щIэхъаджагъэ зэралэжьам къыхэкIыу тралъхьа пIалъэхэр япшыну.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.