IЭНАТIЭКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди республикэм щагъэзащIэ «Къуажэ дохутыр» къэрал программэр. Ар хуэунэтIащ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным, абы ипкъ иткIэ къуажэхэм щылэжьэну кIуэ дохутырхэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэнущ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща мэхъу, къуажэхэми зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлIхэр ягъуэт.

Апхуэдэу мы илъэсым и кIэ хъуху а программэмкIэ Дзэлыкъуэ, Шэрэдж, Май, Шэджэм, Бахъсэн, Аруан, Тэрч, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ районхэм хыхьэ къуажэхэм дэт медицинэ IуэхущIапIэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ дохутыр зыбжанэм. Нэхъыбэу ахэр участковэ терапевтхмрэ сабий дохутырхэмрэщ, яхэтщ фтизиаторхэри, эндокринологхэри, офтальмологхэри, оториноларингологхэри.

Жылагъуэ нэхъ пхыдзахэм ягъакIуэ дохутырхэм сом мелуан 1,5-рэ, фельдшерхэм сом мин 750-рэ иратынущ. ЦIыху мин 50-м нэблагъэ зыдэс къуажэхэм щылэжьэну дохутырхэм сом мелуан яIэрыхьэнущ.

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, программэр сэбэпышхуэ мэхъу IэнатIэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэща хъунымкIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ псом хуэмыдэу къуажэхэм гугъуехь нэхъыбэ ущрихьэлIэрти, иужьрей илъэсхэм абыхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ дохутырхэм я бжыгъэм хэхъуэурэ йокIуэкI. Апхуэдэу 2019 - 2021 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым «Къуажэ дохутыр» программэр зэрагъэзэщIам ипкъ иткIэ къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ дохутыри 100 лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщащ.

IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэм хэт дохутырхэр здэкIуа щIыпIэхм илъэситхукIэ щылэжьэн хуейщ.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ