ЦIЫХУХЭМ Я ПСЭУКIЭР ЕГЪЭФIЭКIУЭНЫМ ТЕЩIЫХЬАУЭ

Зи ныбжьыр хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ ягъуэтыпхъэ Iуэхутхьэбзэхэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и комитетым и зэIущIэм. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, республикэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ щащIэ и центрхэм къикIахэр, Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр. 
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен жиIащ, жьыкIэфэ­кIэм­рэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я псэу­кIэр егъэфIэкIуэным теу­хуауэ къэралым ищIэм мы­хьэнэшхуэ зэриIэр, Къэбэрдей-Балъкъэрми абы теухуауэ щыIэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпыр.
КъБР-м лэжьыгъэмкIэ, цIыху­хэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэ­щынымрэ социальнэ дэIэпы­къуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим тепсэлъыхьащ цIыху­хэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ яхуэ­щIэ­ным теухуауэ ялэжьхэм. 
Республикэм щызэхагъэувауэ йолэжь «КъБР-м щыпсэухэм я социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр» программэм зи ныбжь хэкIуэтахэм яхуэгъэзауэ хэт Iыхьэм, «КъБР-м ис жьыкIэфэкIэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, нэхъыбэ къагъэщIэным, бэIу­тIэIун­шэу псэуным теухуа» щIыналъэ программэм. 
Республикэм и регистрым иратха жьыкIэфэкIэхэм доIэ­пыкъу ди щIыналъэм и мылъкум щыщ ахъшэкIэ: псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат ­уасэр хуагъэмащIэ, зэ­рызыщIагъакъуэ ахъшэ мазэ къэс Iэрагъэхьэ. 
2022 гъэм щIышылэм и 1-м хуэкIуэу къызэрабжамкIэ, мазэ къэс компенсацэ ират лэжьыгъэм и ветеран мин 20-м (сом 813-рэ), зи хэку ирагъэIэпхъу­кIауэ щыта цIыху 10700-м (сом 2500-рэ). Мазэ къэс ахъшэкIэ доIэпыкъу лэжьыгъэм и ветеран мин 19-м (сом 430,53-рэ), тылым и лэжьакIуэу щыта ­730-м (сом 647,98-рэ), зи хэку зрагъэбгынауэ щыта цIыху 9125-м (сом 864,35-рэ).
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэ­м ирихьэлIэу Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэмрэ, зауэлIхэм я фызабэхэм  илъэс къэс тыгъэ хуащI ахъшэми. 
Зи закъуэ псэухэм, жьы хъуа­хэм, ныкъуэдыкъуэхэм махуэ къэс ядэIэпыкъуныр я къалэну республикэм щолажьэ IуэхущIапIэ 18. 
Асановым къыхигъэщащ ­зыдэ­Iэпыкъупхъэ жьы­кIэфэкIэм­рэ ныкъуэды­къуэ­хэм­рэ социальнэ Iуэху­тхьэбзэ къы­щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм чэзум щыхэтын хуей зэрымыхъур, псори зэ­рызэхуагъадэр. 2021 гъэм апхуэдэ цIыху мин 40-м соци­альнэ Iуэхутхьэбзэ лIэужьы­гъуих хузэфIахащ. 
Министрым жиIащ мы IуэхущIапIэхэм щIалэгъуалэ волонтёр гупхэр, студентхэр, школакIуэхэр сэбэп зэрахуэхъур. Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хухэхауэ къуажэхэм щыIэхэми лэжьакIуэ гупхэр къыщызэрагъэпэщащ. ЖьыкIэфэкIэхэр нэхъ зыхуэныкъуэ хъухэм теу­хуауэ, абыхэм хуащIэ Iуэху­тхьэбзэхэм я бжыгъэми хагъэ­хъуащ. Къэунэхуащ такси, щхьэщIэщэ, щыгъын щад-щадыж, кIэлъы­плъакIуэ, узыншагъэр щызэ­трагъэувэжкIэ ­къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр бэджэнду зыт социальнэ Iуэху­тхьэбзэ лIэу­жьы­гъуэщIэхэр. 
2011 гъэ лъандэрэ щыIэщ унэхэм къыщIэмыкIыф цIыху­хэу къуажэ пхыдзахэм щы­псэухэм хухаха Iуэхутхьэбзэхэр. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэ­зыщIэ гупхэр 2021 гъэм къриубыдэу ираджащ 1326-рэ. Ахэр ядэIэпыкъуащ жьыкIэфэкIэрэ ныкъуэдыкъуэу цIыху 3900-м щIигъум. Iуэхутхьэбзэ зэхуэ­мыдэу зэфIахащ 4608-рэ. Медицинэ IуэхущIапIэхэм щыкIэ­лъыплъащ зи ныбжьыр илъэс 65-м щхьэдэха къуажэдэс ­1396-м.
Зи ныбжь хэкIуэтахэм я Iэпкълъэпкъыр зэщIэмынэн, я акъылым итын, я зэфIэкIхэр IэщIыб ямыщIын папщIэ, социальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ Iуэху­щIапIэ щхьэхуэхэм къы­щызэрагъэпэщ библиотерапие, изотерапие Iэмалхэр. Абы тету лажьэ клубхэмрэ гупжьейхэмрэ, «социальнэ туризм» Iуэхутхьэбзэр щыIэщ. Илъэс къэс, жьыкIэфэкIэхэм я махуэм ирихьэлIэу, псапэ зыпылъ Iуэхухэр, пшыхьхэр къы­зэрагъэпэщ. 
2023 гъэм «Демографие» лъэпкъ проектым щыщ «Зи ныбжь хэкIуэтахэм» федеральнэ программэм къыщигъэ­лъэгъуащ жьы хъуахэмрэ ­ны­къуэдыкъуэхэмрэ пIалъэ кIыхькIэ зэракIэлъыплъын Iэмалхэм 2023 гъэм хуэкIуэну. 
Министрым жиIащ ныбжьыфI зиIэхэмрэ ныкъуэды­къуэхэмрэ я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ адэкIи абыхэм зэрадэIэпыкъунур. 
Iуэхум теухуауэ къэпсэлъахэщ Тэрч щIыналъэмрэ Прохладнэ къалэмрэ цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэ­ным­кIэ щыIэ центрхэм я уна­фэщIхэу Жылэгъащтэ Ар­тур­рэ Сасыкъ Надеждэрэ, жьы хъуахэмрэ ныкъуэды­къуэхэмрэ  я унэу Налшык дэтым и унафэщI Быф Беслъэн. 
Къардэн Мурат социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, я къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къызыхуэ­тыншэу ягъэзэщIэн папщIэ зэдэлэжьэным къыхуриджащ. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз