ЗЭФIЭКI ЗИIЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым гъатхэпэм и 19-26-хэм щекIуэкIащ «Творческие вершины» зэпеуэр. Ар къызэригъэпэщащ «Художественнэ егъэджэныгъэмкIэ методикэ центр» IуэхущIапIэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтымрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Зэхьэзэхуэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгу псоми къикIахэр.
Зэпеуэм хэт ныбжьыщIэхэр лIэужьыгъуитIым - «ЦIыхубэ Iэмэпсымэхэр», «Фортепиано» - я зэфIэкI щеплъыжащ. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ягъэзэщIащ хамэ къэрал, урыс композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр, къагъэщIэрэщIэжа цIыхубэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ. 
ЦIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ пианинэ еуэхэмрэ я зэхьэзэхуэ нэужьым абы кърикIуахэр къэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэхалъхьэжащ икIи абы щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэнаIуэри ягъэлъэпIащ. 

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз