ПСЫУЩХЪУЭ

Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэсэбэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.
Бзэ щIэныгъэхэм я доктор КIуэкIуэ Джэмалдин абы щыхьэт техъуэу, псалъэм и иужьрей пычыгъуэм «щхъуантIэ» егупсысыкIэ иIагъэнущ, псалъэпкъитIым я зэхуаку къыдэувэ «уы» префиксыр «ущхъуэнтIын», «кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ хъун» мыхьэнэхэм хуэпхь хъунущ.
Адыгэ Республикэм щыщ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Мерэтыкъуэ Къасым къызэрыхигъэщамкIэ, кIахэ (адыгей) диалектым ирипсалъэхэм «Псыушъхъо» фIэщыгъэр нэхъапэхэм «тхъурымбэ зыщI псы» егупсысыкIэм хуахьу щытагъэнущ.
Шапсыгъ щIыналъэм мы и Iэгъуэблагъэм «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм къытехъукIауэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми дащрохьэлIэ:
- «Псыущхъуэ Ин» - Ашэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъадэ псы бгъунжщ. И къежьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр I7 и кIыхьагъщ.
- «Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ» - уанэгу щхьэнтэ теплъэ зиIэ сэнтхым лъэныкъуитIымкIи щиIэ и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэ кIантIэхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ хелъэсэж. ЩIэдзапIэ яхуэхъуар зы Iуащхьэ щхьэкIэ, иужьрейхэр зэщIэзыкъуэжыр псышхуэ зырызщ - ТIуапсырэ Ашэрэщ.
- А джабащхьэм и лъэныкъуэ зэхуэщхьэхуэхэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэми урысыбзэкIэ цIэуэ зэрахьэр зыбгъэдэс псыхэм зэреджэрщ: «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ» «Псыущхъуэ Инрэ» (адыгэхэм «ШIоикъу» - «ФIеикъуэ», «Кодэшъахьып» фIэщыгъэхэмкIэ зэхацIыхукI). Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэр зрапхыу щытар «Къуэдэс (Кодеш) тхьэм тыхь щыхуащI щIыпIэ» жыхуиIэрщ.

Тхыдэм щыщ

XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм пащтыхьым и Iуэхузехьэхэм ягъэувыIащ я «жыIэ» къемыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр икIи ахэр хуит ящIащ къыщаущыхь къуакIэбгыкIэхэм къыдэкIыу нэхъ яфIэкъабылу къалъытэ псыхъуэ цIыкIухэм къуажэщIэхэр щаухуэну.
Арати, а щIыкIэм тету абыхэм (я нэхъыбэр шапсыгъ-хьэкIувт) къыхрагъэхыжа щIыпIэхэм ящыщ зыуэ къыщIэкIащ я адэжьхэр зэрыса щIыгуу Псыущхъуэ Iуащхьэм и щыгумрэ абы и лъэныкъуитIымрэ. Ар къыщыхъуар I895 гъэращ.
Иджырей ТIуапсы щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэхэм ис адрей къуажэхэми яхуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым я псэукIэ-щыIэкIэм увыпIэшхуэ щеубыд пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр зехьэныр. Нэхъ мыхьэнэ зрат жыгхэм я гугъу тщIымэ, ахэр мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэращ. Iэхэлъахэм щыпсэухэм хъер къызыпах IэнатIэхэм ящыщщ бжьэ гъэхъунри.
Iуащхьэ екIуэкIхэм я джабэ нэкIухэмрэ мэзылъэ бгыхэмрэ иджыри къыздэсым дащрохьэлIэ Урыс-Кавказ зауэжьым ипэкIэ щызэрахьэу щыта пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм я кIэкъинэу къыщызэтена жыгыжьхэми. Абыхэм яхэтщ ди нобэми пхъэщхьэмыщхьэ узыншэ къызыпыкIэхэр.
Псыущхъуэ къуажэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэр турист кIуапIэщи, абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэм. Бгыхэр фIыуэ зылъагъухэм мэзылъэ тIуащIэхэм, шытхыщхьэхэм зыщрагъэплъыхь, псыкъелъэ дахэхэм деж я нэгу зыщрагъэужь.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз