ЛIЫГЪЭМ И ДЕРС

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэу майор Хьэсанэ Зауррэ капитан Къуэшокъуэ Азэмэтрэ Налшык къалэм и школхэм ящыщ зым и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс.

 Офицерхэр школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ.

- Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэблэм ди къэралымрэ я нэхъыжьхэмрэ я тхыдэр яджынымкIэ дадэIэпыкъуным. Гуапэщ апхуэдэ зэIущIэхэм ди щIалэгъуалэр жыджэру къызэрыхыхьэр, - къыхигъэщащ Хьэсанэ Заур.

Урысей гвардием хэтхэм школакIуэхэр щагъэгъуэзащ щIыналъэ управленэм и IэнатIэхэм я лэжьыгъэм, гурагъэIуащ дзэм пыщIа институтхэм щеджэным ехьэлIа хабзэхэр.

ЗэIущIэм и кIэухыу офицерхэм жэуап зэпкърыха иратащ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIахэм икIи еджэным ехъулIэныгъэхэр щаIэну зэрагуапэр жраIащ.   

                                                

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.