ЩЭНХАБЗЭМ И ЛЭЖЬАКIУЭХЭР ЯГЪЭЛЪЭПIАЩБахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ. ЗэIущIэр къызэIузыхар Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Тхьэмадокъуэ Зерэщ. Илъэс блэкIам къриубыдэу щIыналъэм щекIуэкIа лэжьыгъэмрэ щэнхабзэ дауэдапщэу къыщызэрагъэпэщамрэ триухуа къэпсэлъэныгъэм Тхьэмадокъуэм къыщыхигъэщащ: «2021 гъэр дэркIэ тыншу щытауэ жыпIэ хъунукъым. Дунейр пIалъэ кIыхькIэ зыIэщIэзылъхьа коронавирус узыфэм и ягъэкIэ цIыхухэр зэхэмыхьэу, гуфIэгъуэхэр зэхэту ямыгъэлъэпIэф хъуами, щэнхабзэ унэтIыныгъэмкIэ едгъэкIуэкIыну мурад тщIа Iуэхугъуэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэфIэтхащ. И щIыкIэкIи, и къызэгъэпэщыкIэкIи, и жыпхъэкIи зэхуэмыдэу илъэсым къриубыдэу Iуэхугъуэ 2500-рэ едгъэкIуэкIащ». Тхьэмадокъуэ Зерэ и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, Бахъсэн щIыналъэм цIыху 4680-рэ зыщIэхуэн щэнхабзэ унэ 13 иIэщ, тхыдэ-лъахэхутэ музей, гъуазджэмкIэ еджапIищ, къуажэхэм къудамэ 15 щызиIэ библиотекэшхуэ щолажьэ. Бахъсэн щIыналъэм щылажьэ егъэджакIуэхэм къызэрагъэпэща гупхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ щIэх-щIэхыурэ хэгъэгупсо, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм зыщагъэлъагъуэ, къыщыхэмыжаныкIа е пашэныгъэ къыщамыхьа куэди къахэкIакъым. Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэ нэхъыщхьэм мы илъэсым къриубыдэу цIыху 19905-м Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIащ. Ди щIыпIэм щыщу зи тхылъ дунейм къытехьахэр библиотекэм и лэжьакIуэхэм ирагъэблагъэурэ тхылъеджэ зэхуэсхэр иращIэкI, уэршэрхэмрэ Iэнэ хъурейхэмрэ къыхузэрагъэпэщ. ЩIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейми и лэжьыгъэр нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къалъытащ. Музейм гъэлъэгъуэныгъэ пэшитI иIэщ. Зым зимыхъуэжу, Бахъсэн щIыналъэм и тхыдэр къытещу зэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэрщ, адрейр махуэшхуэхэм ирихьэлIэу ягъэхьэзырхэр щрагъэкIуэкIырщ. Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм хъуэхъу псалъэкIэ защыхуигъазэм къыхигъэщащ ахэр уехъуэпсэну зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрызэдэлажьэр, зыпэрыт IэнатIэми хьэлэлу зэрыбгъэдэтыр. «Иужьрей илъэсищым ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ЩэнхабзэмкIэ унэхэр зэгъэпэщыжыным, техникэщIэхэр щIэгъэувэным хуэунэтIауэ. Зыхуэныкъуэ IэмэпсымэщIэхэр зыгъуэт джэгуакIуэ гупхэми я лэжьыгъэм нэхъри зэрыщIагъэхуэбжьэнум шэч къытетхьэркъым», – жиIащ Iэхъуэбэчым. Iэхъуэбэч Андзор зи гуащIэрэ зэфIэкIкIэ къыхэщахэм фIыщIэгуапэ тхылърэ саугъэтхэмрэ ярита нэужь, Теберды Зухра, Тембот Хьэчим, ШыкIэбахъуэ Ислъам сымэ зыхэт концерт дахэкIэ гуфIэгъуэ зэIущIэр зэхуащIыжащ. ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|