УРЫСЕЙПСО ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Класс унафэщIхэм я II Урысейпсо зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтыну хуейхэм я тхылъхэр къыхахыу хуежьащ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ ар езыгъэкIуэкIыр къэралым ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэрщ, къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъыр Егъэджэныгъэм IэмалыщIэхэм зыщегъэужьынымкIэ фондырщ. Ар щекIуэкIынур Мэзкуущ, 2022 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм траухуащ.

Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэт хъунущ класс унафэр зезыхьэ дэтхэнэ егъэджакIуэри, еджапIэм зэрыщылажьэ илъэс бжыгъэм емылъытауэ. Япэ зэхуэсышхуэм къыщхьэщыкIыу, мы гъэм ирагъэкIуэкIынум хыхьэ хъунущ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм щылажьэ гуп унафэщIхэри.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтынухэм Iыхьищ хъу зэхьэзэхуэм пхыкIын хуейщ: щэнгъасэмрэ гъэсэныгъэм теухуа щIэныгъэхэмкIэ упщIэрэ жэуапу зэхэт тестыр, класс унафэ щIыкIэр къызэзыгъэпэщ лэжьыгъэм ехьэлIа тестыр, зэхуэсышхуэм ухэтыну гукъыдэж щIэпщIар къэзыгъэлъагъуэ видеотеплъэгъуэ кIэщIыр. Мы лэжьыгъэр нэсу зэтеубла хъун папщIэ, къызэгъэпэщакIуэхэм VK интернет-утыкум напэкIуэцI къыщызэIуахащ.

НапэкIуэцIым ухыхьа нэужь, къридза анкетэм итхэм жэуап езытыну Iэмал зиIэр зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтыну хущIэкъурщ. Ар зыхуей хуэзэмэ, зэхьэзэхуэм зэрыщIидзамкIэ къызэгъэпэщакIуэхэм хъыбар къратыжынущ. ЕкIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ а напэкIуэцI дыдэм ущыкIэлыплъ хъунущ.

Зэхуэсышхуэр хуэунэтIащ класс унафэщIхэм я IэщIагъэм хэгъэхъуэным, зыщыщ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэмрэ цIыхугъэм теухуауэ щыIэ дунейпсо мардэхэмкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэр зэтебублэ зэрыхъунум, еджэныгъэри гъэсэныгъэри зэхаухуэнэфу щытыным. Класс унафэщIхэм зэхуэсышхуэм ирагъэхь тхылъымпIэхэмрэ видеотеплъэгъуэхэмрэ хэплъэнущ УФ-м и мызакъуэу, къэрал куэдым къыщацIыху еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр, еджапIэ унафэщIхэр. Зы лэжьыгъи гулъытэншэу къэнэнукъым – дэтхэнэми хуэфащэ жэуап игъуэтынущ, псалъэмакъ щхьэхуи трагъэIукIынущ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, I Урысейпсо зэхуэсышхуэр 2021 жэпуэгъуэм и 9 - 10-хэм Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтат ди къэралым и щIыналъэ 85-м щыщ класс унафэщI 1000-м щIигъу. КъБР-м къыбгъэдэкIыу а зэхуэсым хэтащ Май къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж, «2021 гъэм Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыф1» цIэ лъапIэм и лауреат Къущхьэ Каринэ.

«Зэхуэсышхуэм сызэрыхэтар Iэмал телъыджэ зыхуэхъуар си закъуэкъым, ар хьэлэмэтлажьэу къалъытат абы хэта адрей егъэджакIуэхэми. ЩIэныгъэм щыхагъахъуэ курс щIэгъэхуэбжьа схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ ар. Шэч къытесхьэркъым абы щызэхэсха, къыщысщIа щIэ псори адэкIи къызэрысхуэсэбэпынум. Зэхуэсым гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ, узыпэрыт IэщIагъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыбузэщIыным ухущIегъэкъу. ЕгъэджакIуэхэр, псом хуэмыдэу класс унафэщIхэр мы зэпеуэм хыхьэну, я къарур здынэсыр ягъэунэхужыну къыхузоджэ. ЕгъэджакIуэхэм я Урысейпсо зэхуэсышхуэм цIыхущIэхэм я закъуэкъым нэIуасэ къыфхуищIынур, абы къыфхузэIуихыну дунейм, шэч хэлъкъым, фи гупсысэкIэми, фи Iуэху щIэкIэми, егъэджэныгъэм хувиIэ бгъэдыхьэкIэхэми фIы и лъэныкъуэкIэ зрагъэхъуэжынущ», – жиIащ Къущхьэ Каринэ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.