УЗЫФЭ ЗЭРЫЦIАЛЭР ТЩХЬЭЩОКI

«COVID-19 узыфэм игъэсымаджэхэр нэхъ мащIэ хъунущ мэкъуауэгъуэ мазэм ирихьэлIэу, абы иужькIэ коронавирусым епха пандемиер щыIэжынукъым», - жиIащ Гамалее Н. Ф. и цIэр зезыхьэ, Эпидемиологиемрэ микробиологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, вирусолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Альтштейн Анатолий.

Абы и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, дуней псоми хуэдэу, Урысейми коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърыт сымаджэхэр нэхъ мащIэ щохъу. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, коронавирусымкIэ нобэ щыIэ щытыкIэр фIыуэ къыщхьэщокI илъэситI ипэкIэ дызэрытам, абы къегъэлъагъуэ эпидемием и лъэужьыр «зэригъэкъэбзэжыр». 
«Узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэр куэд мэхъу - ди цIыхухэм я процент 50-м нэхърэ нэхъыбэщ, - жеIэ вирусологым. – КъищынэмыщIауэ, сымэджахэри куэд мэхъу. Сытми, сэ сызэреплъымкIэ, мэкъуауэгъуэм ирихьэлIэу эпидемиер щыIэжынукъым». 
Узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ IэщIагъэлI Поздняков Андрей зэрыжиIэмкIэ, сымаджэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуами, зэман кIэщIым къриубыдэу Урысейм коронавирусымкIэ пандемиер щымыIэжыну къэплъытэныр захуагъэкъым. Абы къызэрыхигъэщымкIэ, узыфэм и гуащIэгъуэр щхьэщыкIыну аращ.
COVID-19-р зыпкърытхэм я бжыгъэр Урысейм нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар щыжаIэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубгъуным пэщIэтынымкIэ федеральнэ оперативнэ штабми. Къагъэлъэгъуа бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, ди къэралым иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу коронавирусыр япкърыту къыщахутащ сымаджэ 29 709-рэ, госпиталхэм ягъэгъуэлъащ 2187-рэ, узыфэм илIыкIащ цIыху 409-рэ. 
Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми щытыкIэр нэхъ зэпIэзэрыт щыхъуащ. Гъатхэпэм и 21-м ирихьэлIэу щыIэ хъыбархэм ятепщIыхьмэ, сымаджэхэм я бжыгъэм хэщIурэ макIуэ. Апхуэдэу ПЦР-тесту 1488-рэ ирагъэкIуэкIати, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр цIыху 47-м япкърыту къахутащ. КТ къэпщытэныгъэр цIыху 26-м ирагъэщIащ, абыхэм ящыщу 10-м вирус пневмониер яIэщ. Госпиталхэм ягъэгъуэлъащ сымаджэ 11. Мы зэманым къриубыдэу абыхэм я узыншагъэр щызэфIэзыгъэувэжхэм я бжыгъэр 141-рэ мэхъу - 17-р сабийщ, зы цIыхубз уэндэгъу яхэтщ, кислород дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр 66-рэ мэхъу. Госпиталхэм я реанимацэ къудамэхэм цIыху 28-рэ щIэлъщ, ИВЛ-м – 4, НИВЛ-м 10 пыщIащ. Иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу узыфэ зэрыцIалэм илIыкIащ зы цIыху. ОРВИ-м и нэщэнэхэр яIэу амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ сымаджэ 2443-рэ, абыхэм ящыщу 1088-р сабийщ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърыту къахутахэр 901-рэ мэхъу. Псори зэхэту (госпиталым къыщIатхыкIыжахэри амбулаторэ дэIэпыкъуныгъэ зыгъуэтахэри) хъужахэм я бжыгъэр 6I2-рэ мэхъу.

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.