ШЭДЖАНЭ КЪЭХУТЭНЫГЪЭХЭР ЩРАГЪЭКIУЭКI

«Урысей географие зэгухьэныгъэм» ПсыщIагъ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым Шэрэдж щIыналъэм мы махуэхэм еджэныгъэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэхэр щрегъэкIуэкI.
КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Шэджанэм, цIыхухэм я нэхъыбэр Гуэл щхъуантIэкIэ зэджэ псы сэрэш гупым, иджыри къэс зыщымыгъуэза нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ зыкъигъэлъэгъуащ. Шэджанэжьым, е Цирик-гёль жыхуаIэм, ухыхьэну, псыщIагърыесхэр щыбгъэсэну Iэмал хъарзынэхэр иIэщ. ПсыщIагъ хуэIухущIэхэмкIэ медицинэм и дохутырхэм я нэIэ щIэту псы лъащIэм и къэхутакIуэхэр метрищэ хуэдизкIэ йох. Сэрэшым и щэхухэр ираджыну яIэ псыщIагърызекIуэр нобэр къыздэсым къэхута хъуа куупIэхэм нэс хуиту ехырт. Мызыгъуэгум къэхутакIуэхэр абы фIэкIащ, нэхъапэкIэ ямылъэгъуа бгъуэнщIагъхэм щIыхьащ. «Марвин-350» фIэщыгъэр зезыхьэ псыщIагърызекIуэм метр 279-кIэ ехыну хузэфIэкIащ.
Зэрынэрылъагъущи, къэхутэныгъэхэм кIуэ пэтми заубгъу, къызэщIаубыдэ лэжьыгъэхэр нэхъыбэ мэхъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, псыщIагъ дунейм мардэ щхьэхуэхэр къегъэув - псыщхьэм къытенамрэ лъащIэм ехамрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ шэщIа щIыныр, сурэтхэмрэ видеотеплъэгъуэхэмрэ кIагъэпшагъэ мыхъуу къабзэу техыныр, щыщIэныгъэ имыIэу ар программэм илъхьэныр, псыщIагърызекIуэ Iэмэпсымэм и кIуэцIым ит давленэр зэтесу къэгъэнэныр.
КъызэрахутамкIэ, Шэджанэжьыр зэрыт псылъанэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ псы литр мелуан 70-м нэблагъэ къыхож. Абы къэхутакIуэхэр иригъэгупсысащ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэным: гуэлым псыр из зыщIыр зы къэкIуапIэкъым, атIэ щIы щхьэфэ чахуэхэм къыдэкI щIагъыпсхэрщ. Абы нэгъуэщI зы Iуэхуми ухуешэж – сэрэш гупыр Шэрэджыкъуэм къыдэхъуа къэгъэщIыгъэщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.