ПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ ЗЭХЬЭЗЭХУЭМ МЕДАЛИТI КЪЫЩАХЬ

ТхэквондомкIэ дунейпсо федерацэм и президетым и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ Албанием щызэхэтащ. G2 классымкIэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ щытекIуахэмрэ я олимп баллхэм абы щыхагъэхъуэну Iэмал яIащ.
ПщIэшхуэ зиIэ зэхьзэхуэм и алэрыбгъухэм зыкъыщагъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. НэхъапэIуэкIэ ахэр щытекIуауэ щытащ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта Европэм и зэпеуэм. Иджы абыхэм балигъхэм я зэпеуэм япэ лъэбакъуэхэр хачащ.
Килограмм 54-м нэблагъэ Багъ Идар дыщэ медалыр къихьащ икIи мы гъэм екIуэкIыну Европэм и чемпионатым хэтыну Iэмал къыхукъуэкIащ. ЗэпэщIэтыныгъих иригъэкIуэкIам ар зэкIэлъхьэужьу щефIэкIащ Европэм и иджырей чемпионым, Олимп джэгухэм хэтам, финал зэIущIэм щытекIуащ Урысей Федерацэм и иджырей чемпион Гриценкэ Владимир.
Илъэс I6 фэкIа мыхъу килограмм 46-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Бекъул Миланэ дунейпсо тхэквондом хыхьащ икIи дяпэкIэ абыи къыщацIыхун щIадзэ. ПэщIэдзэ зэIущIитхум абы къыщызэринэкIащ рейтинг лъагэ зиIэ чемпионхэр, дунейпсо чемпионатым къыщыхэжаныкIар. Дэтхэнэ зы зэпэщIэтыныгъэми абы текIуэныгъэ дахэ, шэч къызытумыхьэн къыщихьащ. Финалым Миланэ зымащIэкIэ къыщефIэкIащ Тыркум щыщ Гогебакан Эмине икIи дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ.
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ егъасэ Ахъмэт Амир.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.