КАВКАЗЫМ ЩОМЫЩЫР ЩАГЪЭБЭГЪУЭЖ

Пасэм щомыщыр Кавказым куэду щыIащ,  ахэр щызэхэзекIуэрт Кавказ къуршытх Нэхъыщхьэм. ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухым щомыщхэр Кавказым мащIэ дыдэ щыхъуащ, кIуэдыжынкIэ шынагъуэу. 1980 гъэхэм закъуэтIакъуэт мэзхэм узэрыщрихьэлIэжыр. Илъэси 5 - 8-м къриубыдэу зыбжанэрэ щалъэгъуат Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэм, Къэрэшей-Шэрджэсым.

Щомыщыр Кавказым щыгъэбэгъуэжыным теухуа Iуэху къехьэжьэн зэрыхуейр къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэм 1980 гъэхэм жаIэ хъуат. Ауэрэ къэунэхуащ Кавказым щомыщыр щыгъэбэгъуэжынымкIэ центр. Абы и программэр Урысей Федерацэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэрегъэпэщ.

2007 гъэм программэр гъэзэщIэным теухуауэ зэгурыIуэныгъэ зэраухылIащ Росприроднадзорым, Сочэ лъэпкъ паркым, Кавказ мэзгъэфIэным, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыуэпсым ехьэлIа Iуэхухэмрэ эволюцэмкIэ Северцов А. Н и цIэр зезыхьэ институтым, Урысей WWF-м.

 Мы IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо союзыр, Зоопаркхэмрэ аквариумхэмрэ я европей зэгухьэныгъэр. Программэр зыгъэхьэзырахэм я мурадщ Кавказым хьэкIэкхъуэкIэ лIэужьыгъуэм щыщу 50 мынэхъ мащIэ щызэрагъэпэщыжыну.

Кавказым щомыщыр щыгъэбэгъуэжынымкIэ Iуэхум холэжьыхь Урыс географие зэгухьэныгъэр – ар дэIэпыкъуэгъу мэхъу гранткIэ. Псэущхьэхэр гъэбэгъуэнымкIэ центр къызэгъэпэщыныр IэщIагъэлIхэм ядиIыгъауэ щытащ Урысейм и Президент, Урыс географие зэгухьэныгъэм и КIэлъыплъакIуэ Советым и УнафэщI Путин Владимир. 2014 гъэм Президентыр центрым щыIащ икIи къыхигъэщащ абы щалэжь Iуэхугъуэхэр зэрыгугъу дыдэр. Урыс географие зэгухьэныгъэм и унафэщI Шойгу Сергей къыхегъэщ псэущхьэр гъэбэгъуэжынымкIэ программэм хэтхэм куэдым я Iэр зэрыхунэсыр, езыр зи пашэ  зэгухьэныгъэр Iуэху дахэмкIэ сэбэп зэрыхъур зэригуапэр.

2016 гъэм РАН-м Биологие ресурсхэмкIэ Прикаспийск щыIэ и институтым и IэщIагъэлIхэм къахьащ «КъуэкIыпIэ Кавказым щомыщыр щыхъумэнымкIэ» проектыр зэрагъэзэщIэн грант. 2018 гъэм Урыс географие зэгухьэныгъэм и грант къихьащ Урысейм мэз джэду лъэпкъыгъуэхэр щыгъэбэгъуэжынымкIэ программэм. Ар игъэхьэзыращ Кавказ Ищхъэрэм и щIыуэпсыр хъумэнымрэ абы къыщхьэщыжынымкIэ центрым.

2009 гъэм Кавказым щомыщыр щыгъэбэгъуэжынымкIэ центрым и ухуэныгъэр и кIэм нэблэгъащ. 2013 гъэм щегъэжьауэ абы щомыщ шыру 27-рэ къыхэхъуащ. Центрым щаIыгъщ щомыщ 12.  2023 гъэм 15-р мэзхэм щIаутIыпщхьащ. ПсэущхьэкIэ зэхъуэжэным теухуауэ центрым и программэм тету, хьэкIэкхъуэкIи 5 иратащ зоопаркхэмрэ аквариумхэмкIэ европей зэгухьэныгъэм.

- Егъэлея лъэпкъ хэмылъу жыпIэ хъунущ щомыщыр Кавказым щыгъэбэгъуэжынымкIэ программэр дуней псом щынэхъ гугъу дыдэхэм зэращыщыр. Дэ зэдгъэхъулIэфам хуэдэ куэдым яхузэфIэкIыркъым, - жиIащ Кавказым щомыщыр щыгъэбэгъуэжынымкIэ центрым и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Воронин Николай.  Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мыгувэу псэущхьэ балигъхэм я мызакъуэу, шырхэм я лъэужьи къыщалъагъуну мэгугъэ.

Осетие Ищхъэрэм и мэзгъэфIэным щагъэуващ сурэткъапхъэну 40. Абы мы зэманым щомыщ дапщэ щыIэми ящIэркъым. ХьэкIэкхъуэкIи 8 центрым щиутIыпщащ, ауэ абы и мэзхэм щалъэгъуащ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа щомыщи.

         Щомыщхэр гъэбэгъуэжынымкIэ гупсысэм и телъхьэу, Владикавказ дэт трамвайхэм я зым и зы вагон щомыщым и плъыфэу ялащ. Трамвай кIуэцIым укъыщеджэ мэхъу щомыщхэм щIэпхъаджащIэхэр зэрещакIуэм, псэущхьэр гъэбэгъуэжыным теухуауэ ящIэм ущызыгъэгъуазэ тхыгъэхэм. Вагоным осетиныбзэкIэ тетхащ «Къеблагъэ, щомыщ!» жиIэу.

         Мы зэманым щомыщыр щагъэбэгъуэжыну и ужь щитщ Приморьеми. Илъэс ипэ абы щыIэ Кондратеновкэ къуажэм пэмыжыжьэу ялъэгъуауэ щытащ жыгым зыкъуигъэпщкIуауэ цIыхухэм якIэлъыплъ щомыщыр.

 ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ