КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ И ТХЫДЭМРЭ ЩЭНХАБЗЭМРЭ - ВДНХ-М

«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и I0 пщIондэ щекIуэкIащ Москва.

- «ВДНХ-м и университет тхьэмахуэр IэмалыфIщ щIэныгъэм щыдиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къэдгъэлъэгъуэнымкIэ, – жиIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и ректор Беспалов Дмитрий. - Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIэхэм университетым и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзащ, мастер-класс щхьэпэхэр къэсэбэпащ иджырей гъащIэм щIэныгъэм щиIэ мыхьэнэр зыхащIэнымкIэ. Ди щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр балигъхэми, сабийхэми, IэщIагъэлIхэми гъэщIэгъуэн зэращыхъум шэч хэлъкъым.

ВДНХ-м и павильон №75-м, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я плIанэпэхэр къызэщIэзыубыдэм, университетым и тхьэмахуэр къыщызэIуахащ «Мир нанотехнологий» лекцэмкIэ. Ар теухуат иджырей гъащIэм нанопкъыгъуэхэм щаIыгъ увыпIэмрэ ахэр куэду къызэрагъэсэбэпымрэ. Ар нэрылъагъу зыщI мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ. Урысейм и экономикэ зыужьыныгъэм, гъащIэ узыншэр зыхуэдэм, студентхэм хьэрычэт Iуэхум зэрызрапщытым, цIыхубзхэм щIэныгъэм щаубыд увыпIэм, Ставропольем и тхыдэмрэ археологиемрэ, нэгъуэщIхэм теухуа лекцэхэри гъэщIэгъуэнт.

Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хухаха махуэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым гъатхэпэм и 8-м щIэныгъэ-егъэджэныгъэ, творческэ программэ гукъинэж игъэлъэгъуащ, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. ЩIэныгъэлIхэм, къэпщытакIуэхэм, студентхэм павильонитIым щагъэхьэзыра Iуэху дахэр «Урысей» выставкэм и утыкуихым щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу Ставропольем, литературэм теухуа лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ ирагъэкIуэкIащ. КърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Хьэгъэжей Елдар зи художественнэ унафэщI «Горец» къэфакIуэ ансамблым.

Кавказ Ищхъэрэм и махуэхэм къекIуэлIахэм щIэщыгъуэ, гукъинэж ящыхъуащ ялъэгъуахэр, ди щIыналъэм теухуауэ щIэ куэд къащIащ. Зэхыхьэ гуапэр гъэнщIауэ щытащ зэIущIэхэмкIэ, зыплъыхьакIуэхэмкIэ, концертхэмкIэ, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я мастер-классхэмкIэ.

Беспалов Дмитрий и псалъэм къыхигъэщащ Ставропольем и егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ ягъэхьэзыра, щIэныгъэр, щэнхабзэр, творчествэр щызыхэухуэна программэр гукъинэж зэращыхъуар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ