IЭПКЪЛЪЭПКЪЫР ЗЫХЪУМЭР

ЦIыхум и иммунитетым елъытащ и узыншагъэр. Абы ущехъумэ уз зэрыцIалэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Iэпкълъэпкъым щымыщу зы налъэ закъуэ зэрыпкърыхьэу, иммунитетыр «къызэщIонэри», хузэфIэкI къигъанэркъым хамэр иукIынымкIэ, игъэкIуэдынымкIэ. Сыт иммунитет жыхуэтIэжыр зищIысыр, дэнэ ар здэщыIэр, дауэ зэрылажьэр?
Иммунитетыр тIууэ зэщхьэщокI: анэдэлъхумрэ зэригъэпэщамрэ. Анэдэлъху иммунитетым щыщщ уз зэрыцIалэхэр къэзыгъэхъей налъэр Iэпкълъэпкъым зэрынэсар япэу къэзыхутэ фагоцитхэмрэ интерферонхэмрэ. Ахэр асыхьэту къызэщIохъаери, лэжьэн щIадзэ. Зэригъэпэща иммунитетым и лэжьэкIэр нэгъуэщIщ. Абы япэщIыкIэ узыр къехутэ, абы жэуап зэрыритыну Iэмалыр еубзыху, зэрезэуэну налъэхэр къегъэщIри, итIанэщ щыпэщIэувэр. Апхуэдэ иммунитетым узыр зэ къицIыхуа нэужь, етIуанэ гъуэгу нэхъ псынщIэу лэжьэнущ, зыпэщIэувар зищIысыр ещIэри. ЖыпIэ хъунущ цIыху къэс и иммунитетым «тхылъ щхьэхуэ» иIэу, зэгуэр зрихьэлIа узыфэхэр, абыхэм зэрезауэ Iэмалхэр зэхэтхыкIауэ иту. 
Иммунитетыр узым зэрезауэ налъэхэр, зэрыжытIащи, езы Iэпкълъэпкъым пкърылъыжщ, и чэзум къызэщIэушэу. Абыхэм ящыщщ тхьэмбыл къуэпситIыр щызэкIэщIэкIым деж хэлъ тимус жыхуаIэ железэмрэ куцIымрэ. Абыхэм «зауэлI» налъэ къыхэщыпыкIахэр щохъури, сэбэп щыхъунум деж лимфэ шыкъырхэм (дамащхьэм, IэфракIэм, лъэгуажьэм, шхужь зэрытыпIэхэм, пщэм хэлъхэм) кърахужьэ. 
Иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, иммунитетыр пыщIащ ныбэм. Апхуэдизу дыкъэзыхъумэм и процент 75-р, къызэрыщIэкIымкIэ, кIэтIийм исщ. ЩIыуэпсым апхуэдэу зэтриублащи, цIыхум щхъухь, гын, уз зэрыцIалэм и налъэ иригъэнэхамэ, кIэтIийм ар асыхьэту игъэкъэбзэнущ, хуэмыгъэкъабзэмэ иммунитетыр ирихужьэнущ. 
Ауэ щыхъукIэ, иммунитетыр зы пкъыгъуэ щхьэхуэ гуэрым и закъуэ пкърылъу аракъым, атIэ Iэпкълъэпкъ псом игуэшауэ илъщ, къыщыунэхури, езыхужьэри, зыгъэлажьэри зэхэгъэщхьэхукIауэ. Ар Iэпкълъэпкъым и лъэкIыныгъэу аращ. 
Иммунитетыр зэпымычу лажьэмэ, щхьэ языныкъуэ вирусхэмрэ бактериехэмрэ кIуэцIрыкIрэ абы, цIыхур сымаджэ хьэлъэ ящIу?! Мыбдеж гу лъытапхъэщ дэ зэпымычу а микробхэм дыкъызэраухъуреихьым, проценти 100-кIэ защыпхъумэнуи Iэмал зэрыщымыIэм. Ари тэмэмщ, сыту жыпIэмэ иммунитетыр зыпэщIэтын гуэр щымыIатэмэ, езы иммунитетри диIэххэнутэкъым, узым зыщытхъумэфынутэкъым. 
ЩыIэщ иммунитетыр махэ щыхъу. Апхуэдэхэм деж цIыхур сымаджэрилэ, гукъыдэмыж, жейнэд мэхъу, и щхьэр мэузырей, зыри имыщIами ешауэ, зэпылIыкIыу щытщ, пыхусыхур хуэлъэщ, и щIыфэм къиткIуэткIуа, шын иIэщ, Iэбжьанэ-лъэбжьанэр грибокым еубыд, хьэмцIыракIэ куэду къытокIэ, и пэр пож, и тхьэкIумэр, тэмакъыр къоныкъуэкъу, гъутхьэпцI мэхъу. 
ЩыIэщ иммунитетыр щыжыджэрыIуэ, щыбыдэIуэ. Аутоимуннэ узыфэхэр къызыхэкIыр аращ. Хамэ налъэхэм я закъуэ мыхъуу, езы Iэпкълъэпкъыр зэрызэпкърылъ налъэхэр ишхыжу щIедзэ иммунитетым апхуэдэхэм деж. Глютеныр зэмызэгъ, ревматоиднэ артрит, склероз, Хишимото и аутоимуннэ тиреодит, фэр, жьэ кIуэцIыр, Iур зыубыд узыфэ зэрыцIалэхэр аращ къызыхэкIыр. 
Дауэ мыхъуами, иммунитетыр димыIэу хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, цIыхур узыфэ куэдым щызыхъумэр аращ, икIи сымаджэ дыщыхъуам деж зэпымычу антибиотикхэм дефэ хъунукъым, абы Iэпкълъэпкъыр зэтрекъутэ. Ауэ щыхъукIэ, иммунитетыр гъэбыдэным гулъытэ хуэпщIмэ нэхъыфIщ.
ЩIыуэпсыр къызэрытхуэупса а шэпэIудз нэрымылъагъур пхуэгъэбыдэнущ ерыскъы тэрэзкIэ, спорткIэ е иммунитетым и лэжьыгъэр и пIэм изыгъэувэ хущхъуэхэмкIэ. Сэбэпщ спирулинэр, эхинацеяр, хьэцыбанэр, имбирыр, витамин С, А, D зыхэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ. Лъэныкъуэ егъэзын хуейщ фадэр, тутыныр. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ