ЗЫ ДЫЩЭРЭ ДОМБЕЯКЪР

Алыдж-урым бэнэкIэ

Зы дыщэрэ домбеякърэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Омск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэу, илъэс 21-рэ иримыкъуауэ 350-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэта щIалэхэм ящыщу тIум медалхэр къахьащ. Килограмм 60 хъухэм я деж щыбанэ Къуныжь Хьэмэтбий кIэух зэпеуэм и бжыгъэр 8:0-у хигъэщIащ мэзкуудэс Шунгурциков Доджи икIи япэ увыпIэр иубыдащ.

Бапинаев Къурмэн зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ. Финал «цIыкIур» абы къыфIихьащ Новосибирск областым и спортсмен Байышов Кутман. ЗэIущIэм и бжыгъэр 7:4-уэ иухащ абыхэм я зэпеуэр.

 

                                               НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.