Статьи на кабардинском языке

«Къуажэ дохутыр» программэм мылъку хухах

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щэкIуэгъуэм и 29-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым ­хэт Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ КIэрэф Мурат, депутатхэр.

Жылагъуэр зыгъэгузавэхэр

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ республикэм щыпсэухэм дыгъуасэ щаIущIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIы­налъэ къудамэм и IуэхущIапIэм. Ар едэIуащ къыхуэкIуа цIыхуиблым я гу­ныкъуэгъуэхэм.

КIуэкIуэ Казбек «Анэм и щIыхь» медалыр сабий куэд зиIэ анэхэм ярет

КъБР-м и Правительст­вэм и Унэм щекIуэ­кIащ «Анэм и щIыхь» медалыр сабий куэд зиIэ анэхэм зэрыратым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Дамыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыхубз тIощIым.

ЩIалэгъуалэм зэфIагъэкIар мащIэкъым

КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхуэсым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэр зэхуищIыжащ.

Анэхэр ягъэпажэ

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щэ­кIуэгъуэм и ­22-м пшыхь гуа­пэ ще­кIуэкIащ Анэхэм я махуэм теухуауэ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрызэщIакъуэ щIыкIэр зэхъуэкIыным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ­кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэ­кIуэ­кIащ унагъуэ кIэрыхубжьэрыхухэр зэ­ры­зэ­хуахьэсыр зэхъуэкIыным теухуа зэIущIэ.

СурэтыщIым и дунейм

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэ­Iуахащ ­ЮНЕСКО-м СурэтыщI гъуазджэ­хэмкIэ и дунейпсо ассо­циацэм, ­Урысейм, КъБР-м я Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и кол­леджым и ­егъэджакIуэ нэхъыжь Тураев Рус­там и лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэгъуэ­ныгъэ.

Газетхэр, телевиденэр зыхуэкIуэ IэмалыщIэхэм ятеухуауэ

КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьы­нымкIэ и комитетым фокIадэм и 20-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ республикэм щылажьэ хъыбаре­гъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм - я ехъулIэныгъэхэмрэ зыпэщIэт гугъуехь­хэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке