ХАМЭЩI КЪИКIАХЭМ ЖАIАЩ

Шэрджэсхэр я хъыджэбзхэм хуабжьу хуосакъ, ахэр ягъэукIытэркъым. Абыхэм я Iэхэр яубыдыркъым, нэкIэ зэрощIэ. Щауэм и хъыджэбзыр къыдихьэхын папщIэ, и зэфIэкI къигъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, шы тесынкIэ, нэщанэ еуэнкIэ, бэнэнкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ адрейхэм закъыхигъэщын хуейщ. Шэрджэсхэм, и нэхъыбапIэкIэ, япхъухэм зыхуейр къыхахыну хуитщ, ауэ малъхъэ яхуэхъунур езыхэми къыщагъуэт щыIэщ, псом хуэмыдэу ар и дуней тетыкIэкIэ, и псэукIэкIэ ягу ирихьамэ.
КЛАПРОТ Генрих, 
востоковед, академик, 1808 гъэ.

*    *    *

Шэрджэсхэм джэдкъаз куэду ягъэхъу, фIыуи ялъагъу. Абыхэм я джэдхэм, къазхэм, гуэгушхэм, бабыщхэм хуэдэ сэ зыщIыпIи щыслъэгъуакъым. Ахэр пIащэщ, пшэрщ, дахэщ. Апхуэдэу сэ абыхэм я деж щыслъэгъуащ тхьэкIумэкIыхь инхэр. Абыхэм Iэщи я куэдщ. Шэрджэсхэр зэи лы щыщIэркъым, берычэту мэпщафIэ, IэфIу машхэ. Ара хъунщ щIэузыншэхэри.
БЕЛЛ Джон,
инджылыз зекIуэлI. 1839 гъэ.

*    *    *

Шэрджэс цIыхубзхэр Iуэхуншэу зэи щыскъым. Абыхэм я пщэм дэлъщ унагъуэр зехьэныр. А псоми къадэкIуэу бынхэр ягъасэ, щыгъын, вакъэ яд, щIакIуэ, щхьэнтэ, шхыIэн, бгырыпх ящI. Абыхэм хуэдэу дыщэидэкIэ Iэзэ къэгъуэтыгъуейщ, я дыщэ, дыжьын хэдыкIхэм удахьэх.
де МОНПЕРЕ Ф. Д.,
швед геолог цIэрыIуэ. ХIХ лIэщIыгъуэ.

*    *    *

Адыгэхэм я жылагъуэ тIысыкIэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр къуажэшхуэкъым, нэхъыбэу псы Iуфэхэм щотIыс, мэзри, губгъуэри, хъупIэри япэмыжыжьэу. Ахэр хуабжьу ерыщщ щхъуантIагъэкIэ. Я пщIантIэр, къыфIэбгъэкIмэ, я бжэIупэхэри жыг защIэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI. ДэнэкIи псыIэрышэ лъагъуэщIэхэр щыхаш. Псори къабзэу зэрахьэ. А псоми къыхэкIыу я хьэуар къабзэщ.
КУК Джон,
Шотландием къикIа дохутыр. 1740 гъэ.

*    *    *

Сэ игъащIэм апхуэдэ слъэгъуакъым. Шэрджэсхэм хьэщIагъэшхуэ къызахыу сагъэхьэщIа нэужь, сыщыжеину сызыщIаша пэшыр телъыджэт. Лъэгум хуэфIу арджэн дахэ илът, пIэр щабэт, къабзэт, тыншт. Нэху щыху лIам хуэдэу сыжеящ.
БЕЛЛ Джон,
инджылыз зекIуэлI. 1839 гъэ.

*    *    *

Шэрджэс лъэпкъыр класс зыбжанэу егуэш: япэр – пщыхэрщ, етIуанэр – уэркъхэрщ, ещанэр – лъхукъуэлIхэрщ, еплIанэр пщылIхэрщ.
КЛАПРОТ Г.Ю.,
нэмыцэ востоковед. 1808 гъэ.

*    *    *

Шэрджэсым нобэ уахэплъэмэ, ар зэбгъэщхьыр Германиемрэ Франджымрэ япэ пащтыхьхэр къыщыунэхуам щыгъуэ щыIа цивилизацэрщ. Ар феодальнэ псэукIэм и щапхъэ хьэлэмэтщ. Ауэ шэрджэсхэм я зэхэтыкIэкIэ, я хабзэмкIэ ялъэщIыхьэн нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу сэ сыхуэзакъым.
Де МОНПЕРЕ Ф. Д.,
швейцар геолог еджагъэшхуэ, натуралист, археолог.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.