Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Прокуратурэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Си гуапэу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ - Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ.
Езым и тхыдэм къриубыдэу Прокурату­рэр къэрал, жылагъуэ шынагъуэншагъэр хъумэнымкIэ къэралым и правовой Iуэху­щIа­пIэ пэрыту къокIуэкI. Прокурату­рэм и лэжьакIуэхэр сыт щыгъуи къыхощ я къалэным зэрыхуэпэжымкIэ, законымрэ захуагъэмрэ хъумэным зэрыхуэхьэзырымкIэ.
Япэ итахэм я хабзэ гъуэзэджэхэр ягъэбагъуэурэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэхэм къапэщыт Iуэху гугъухэр икIи жэуаплыныгъэ зыпылъхэр тэмэму ягъэзащIэ, щIэпхъаджащIэхэм, коррупцэм ебэнынымкIэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымкIэ яхуэфэщэн лэжьыгъэ зэфIагъэкI.
Шэч къытесхьэркъым прокуратурэм и лэжьакIуэхэм законым и хъумакIуэ цIэр адэкIи зэраIэтынум, ди жылагъуэм и правовой, социально-политикэ зэпIэзэрыты­ныгъэр зэрахъумэнум.
Узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэкум я фIыгъуэр вгъэбэгъуэным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэм икIи жэуап зыпылъым ехъулIэныгъэхэр къыщыфхьыну сынывохъуэхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр