Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Урысей печатым и махуэм теухуа и хъуэхъу

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ - Урысей печатым и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
ПечатымкIэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ди гъащIэм щаIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну инщ. Фэращ, журналистхэрщ, цIыхубэм я гукъыдэжыр куэдкIэ зэлъытар, фэ жыфIэр зэхах, фэ дзыхь къыфхуащI. Иджырей цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, телевиденэм, Интернетым заужьа пэтми, печатыр цIыхухэр зыщIэупщIэ икIи зыхуэныкъуэ Iуэхущ.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­газетхэмрэ журналхэмрэ я редакцэхэм щылажьэхэм Iуэхум зэрыхащIыкIыр, жэ­уаплыныгъэ зэрахэлъыр, къэхъукъащIэ­хэр тэмэму икIи гурыIуэгъуэу къагъэлъэгъуэну зэрыхущIэкъур зэпымыууэ нэры­лъагъу къащI икIи къаруушхуэ ирахьэлIэ цIыхубэм я гуащIэр зэщIэгъэуIуэным. Быдэу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм, ди Хэкум я фIыгъуэхэр гъэбэгъуэным фи къарумрэ зэфIэкIымрэ дяпэкIи зэрыхуэвунэтIынур.
Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ, творческэ ехъулIэныгъэ, насып, ефIэ­кIуэныгъэ фиIэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр