Псей нэхъыщхьэм деж

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн ­къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и утыкум деж ды­гъуасэ ИлъэсыщIэ зэхы­хьэ дахэ щекIуэкIащ. Псей ­нэхъыщхьэм зэхуишэсат цIыкIуи ини, псоми фIыуэ ялъагъу махуэшхуэм пежьэу.

Абы хэтащ щIыпIэ администрацэм, еджапIэхэм я лэжьакIуэхэр, сабийхэр. Пшыхьым кърихьэлIахэм         я гукъыдэжыр къаIэтырт утыкум ит Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ. Ахэр я пашэу, зэIущIэ гуапэм хэтахэм псейр къафыхьащ, уэрэдхэр жаIащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, концерт гъэщIэ­гъуэн ягъэхьэзырат къы­зэгъэпэщакIуэхэм. Япэ­щIы­кIэ Уае Дадэмрэ са­бийхэмрэ зэпеуащ къуа­жэхь­хэр къэщIэнымкIэ, джэгу­­кIэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэмкIэ, усэ къеджэ­нымкIэ. АдэкIэ нэгу­зыужь Iуэхум пащащ Бахъ­сэн къа­лэм и къэфакIуэ гуп­хэмрэ уэрэджыIакIуэ­хэмрэ.
Уае Дадэмрэ Уэс Гуа­щэмрэ я гъусэу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ къалэдэсхэм.

 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр