Пщэрылъхэр дауэ ягъэзащIэрэ?

КIуэкIуэ  Казбек  КъБР-м  и  Правительствэм  и  лэжьакIуэхэр  зыхэта  зэIущIэ  ирегъэкIуэкI

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэхэр хэту тхьэмахуэ къэс къызэрагъэпэщ зэIу-щIэр. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэм я щIыналъэ Iыхьэхэр гъэ­зэ­щIэным, къагъэсэбэпа энергием и уасэр зэратыр егъэфIэкIуэным, кIэрыхубжьэ­рыху бы­дэ­хэр зэрызэхуахьэс  щIыкIэр ­зэ­­хъуэ­кIыным, республикэм управле­нэмкIэ и коллегиальнэ органхэм я лэжьэ­кIэр зэтегъэувэным хуэгъэзауэ нэхъ япэ­кIэ яубзыхуауэ щыта пщэрылъхэр зэрагъэзащIэм.

Иджыпсту щыIэ совет зэмылIэужьы­гъуэхэм, ведомствэхэм зэдай комиссэу, лэ­жьакIуэ гупу КъБР-м и Iэтащхьэм, КъБР-м и Правительствэм я деж щыIэхэм, псом япэу жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ жылагъуэ зэщIэхъеиныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр зыхэтхэм, зэфIагъэкIхэр къэпщытэным, абы­хэм я зэхэлъыкIэр, ахэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр гъэтэмэмыным пыщIа къалэнхэр яубзыхуащ. ЗэрыжаIамкIэ, а псори хуэунэ­тIауэ щытын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыу­жь­ы­ныгъэмкIэ стратегиемрэ Урысейм и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа указхэм къыщыгъэува къалэ­ны­щIэ­хэмрэ гъэзэщIэным.
«Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ советхэм­рэ  комиссэхэмрэ  щыIэщ. Ауэ абыхэм ящыщ куэдыр тхылъымпIэм ит къудейуэ аращ, адрейхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэ­жьыгъэ ирагъэкIуэкIыу хужаIэнукъым. Абы къы­хэкIыу убзыхун хуейщ ахэр дяпэкIэ щыIэнрэ щымыIэнрэ. Адрей коллегиальнэ орган псоми я къалэнщ къыщIызэрагъэ­пэща мурадхэм езэгъыу лэжьэну, дэ ­къатщтэ унафэхэр зыхуэдэм, ахэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуа жылагъуэ экспертизэм и Iэмэпсымэ нэсу увыну», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.

 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр