Газетхэр, телевиденэр зыхуэкIуэ IэмалыщIэхэм ятеухуауэ

КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьы­нымкIэ и комитетым фокIадэм и 20-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ республикэм щылажьэ хъыбаре­гъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм - я ехъулIэныгъэхэмрэ зыпэщIэт гугъуехь­хэмрэ.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, газетхэмрэ журналхэмрэ я редактор нэхъыщхьэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр. Ар иригъэкIуэкIащ комитетым и уна­фэщI Пащты Борис.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ жиIащ хъыбарыщIэхэм мыхьэнэш-хуэ яIэ щыхъуа иджырей зэманым ахэр цIыхухэм яIэрызыгъэхьэ Iэмал нэхъыщ­хьэхэм ящыщ зы зэрыхъуар хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр. Ауэ щыхъукIи, Iэмалхэр нэхъыбэ икIи зэмылIэужьыгъуэ зэрыхъуам къыхэкIыу, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я ­къалэнхэм къахохъуэ - я псынщIагъкIи, хъы­бар къэтыкIэм и фIагъкIи абыхэм ехьэехуэн хуейуэ.
- Мы IэнатIэм зегъэужьыныр зи пщэ дэлъ IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIыр мащIэкъым. АрщхьэкIэ гугъуехьхэми я бжыгъэм хэ-щIыркъым. Мы зэманым псом нэхърэ нэхъыбэу дызытегузэвыхьыр, зэрыфщIэщи, 2019 гъэм и мэкъуауэгъуэм телевиденэм и аналог къэгъэлъэгъуэкIэр зэрызэхуащIы­пэнурщ. Зэман къытхуэнам ди къару псори етхьэлIэн хуейщ а зэхъуэкIыныгъэхэм цIыху­бэр щыгъуазэ тщIыным, нэхъ хуэмы­щIахэм зыхуэныкъуэну Iэмэпсымхэр къахуэщэхуным теухуауэ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэм теухуауэ зэIущIэм къы­щы­псэлъащ «КъБР-Медиа» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дзыгъул МуIэед. Абы зэрыжиIамкIэ, 2018 гъэм Iуэхухэр къызэрагъэпэщыным сом мелуан 377,9-рэ хухахащ, абы щыщу щэкIуэгъуэм и 20-м ирихьэлIэу къагъэсэбэпар сом мелуан 231,3-рэ мэхъу. 2018 гъэм и щIышылэм хуэ­зэу кредит щIыхуэр сом мелуан 52,7-рэ мэхъу: полиграф Iуэхутхьэбзэхэм сом мел­уан 33,7-рэ хуэзэу, связым - сом мелуан 14,5-рэ.
Къэпсэлъам жиIащ щэкIуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу, республикэм къыщыдэкI га­зетхэм псоми зэхэту я тиражыр мини 159-рэ зэрыхъур, журналхэр - мин 85-рэ. Апхуэ­дэуи абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 2018 гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман» республикэ газетхэр тхьэ­махуэм щэ къыдэкIыу зэращIар.
Дзыгъулыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым иIэ IэмалыщIэхэм. Абы зэрыжиIамкIэ, мы ­зэманым ар ялъоIэс республикэм щып­сэухэм я процент 76-м. 2018 гъэм и фокIадэм къызэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ­ВТК-м иджырей мардэхэм тет Iэмэ­псы­мэхэмкIэ зэщIэузэда и студиещIэр. Дзы­гъулыр къытеувыIащ къэкIуэну зэманым республикэм и телевиденэм зэрызрагъэужьынуми. Ди телеканалым цIыху нэхъыбэ къызэщIиубыдэн папщIэ, ар жэщми махуэми лажьэу урысейм и спутник опе­ратор нэхъ лъэщхэм ящыщ зым хагъэхьэну я мурадщ. Къапщтэмэ, мы зэманым ­КИФЩI-м щылажьэ телекомпание псоми а Iуэхур зэфIагъэхьащ. ЗэIущIэм къызэры­щыхагъэщамкIэ, телеканалыр спутник операторым хагъэхьэн щхьэкIэ, нэхъапэ сом мелуан 25-рэ халъхьэн хуейщ.
Телевиденэр бжыгъэ къэгъэлъэгъуэкIэм хуэгъэкIуэным республикэр хуэхьэзырщ. Ауэ абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуеину техникэ Iэмэпсымэхэр къищэхуным пэмылъэ­щынкIэ хъунухэр ягъэбелджылын мурадкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэ­лъэгъуащ, зи закъуэу псэу, ныкъуэдыкъуэ, унагъуэ хуэмыщIа жыпIэми, бжыгъэр зи лъабжьэ телеприёмникхэр цIыху мини 3-рэ 153-м зэрамыIэр, абыхэм ящыщу 157-р пенсэм щысщ. ЗэIущIэм щыжаIащ бжыгъэ къэгъэлъэгъуэкIэр абыхэм хузэтраухуэным щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр кърашэлIэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК»-м и унафэ­щIым и къуэдзэ Суйдым Беслъэн, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Ульяновэ Татьянэ, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и дэIэпыкъуэгъу Щомахуэ Лилэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмрэ хъы­-ба­регъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комиссэм и уна­фэщI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ­район газетхэм я унафэщIхэр. ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд къыхигъэщащ республикэ газетхэр тхьэмахуэм тхуэ къыдэкIыу ящIыжын ­хуейуэ къызэрилъытэр. ЗэIущIэм щыжаIахэр къыхэлъытауэ зэлэжьынухэр яубзыхуащ.

 

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр