Правительствэм хэтхэмрэ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ КIуэкIуэ К. В. ядригъэкIуэкIащ къэрал социальнэ политикэр пхыгъэкIыным теухуа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ зыубгъуаКIуэкIуэ К. В. республикэм и Правительствэм, муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэм зэIущIэ зыубгъуа ядригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. «Къэрал социальнэ политикэр гъэзэщIэным теухуауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указым щыубзыхуахэр зэрагъэзащIэм теухуауэ. Зытепсэлъыхь Iуэхум теухуауэ докладхэр ящIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъумэнымкIэ и министр Асанов А. У., цIыху- хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу I. М., КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий М. Б., КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ М. Л., КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Б. М., КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Е. А. сымэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|