ГуфIэгъуэр зэдаIэт

2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къыщыщIэдзауэ илъэс къэс ягъэлъапIэ Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэр.

Абы теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэми. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэм къы­щызэрагъэпэща Iуэхум хэтащ Бахъсэн къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, къалэ унафэщI­хэр, IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Зеущэ Iэуес, уэрэджыIа­-   кIуэ цIэрыIуэ Бэч Азэмэт, КъБР-м и Музыкэ театрым и солистхэу Холамханов Къайсынрэ КъуэщIысокъуэ Роксанэрэ, дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуа Гаев Тахир, «Ридадэ» цIыхубэ ансамблым, Апэнэсхэ Ибрэ­хьимрэ Джульеттэрэ, Бахъ­сэн къалэм и къэфакIуэ гупхэм.

 

БАЛЪКЪЫЗ Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр