КНР-м и унафэщI Цзиньпин Си COVID-2019 вирусым пэщIэтынымкIэ штабым и Iэтащхьэщ икIи и нэIэ щIэтщ абы теухуауэ къэралым щекIуэкI Iуэхухэр.
Иджыблагъэ ар щыIащ Ухань къалэм - узыфэр къыщежьа щIыпIэм икIи зригъэлъэгъуащ вирусым ебэныным хуэунэтIауэ абы щызэфIагъэкIхэр.
- Иджыпсту дэ шэч къытетхьэ хъунукъым мы зауэм дызэрыщытекIуэнум икIи абы папщIэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым.
Цзиньпин къыхигъэщащ, къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и мызакъуэу, Китайм щыпсэу дэтхэнэ зым и дежкIи гъэунэхупIэ хьэлъэу зэрыщытар илъэс кIуам и кIэм къатепсыха а гузэвэгъуэр. А щытыкIэм къикIыным цIыху псори яужь итащ - зауэ гуащIэм Iут пэлъытэу ебэнащ узыфэ шынагъуэм. Дохутырхэр, абыхэм я дэ- Iэпыкъуэгъухэр, щIэныгъэлIхэр вирусыр зищIысыр къэхутэным, цIыхухэр абы къегъэлыным яужь итыху, къэралым ис псори егугъуащ зэрызахъумэжыным - я унэхэм къыщIэ- мыкIыу щIэсащ, лэжьапIэхэри зэхуащIри, нэгузыужь зэхыхьэхэри ирагъэкIуэкIакъым. А псоми зэхъуэкIыныгъэфIхэр къадэкIуащ - къэралым и щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм махуэ зыбжанэ хъуауэ къыщахутакъым сымаджэщIэхэр. Уеблэмэ Ухани щытыкIэм фIыкIэ зыщихъуэжащ - цIыху мин 30 хъужри, сымаджэщхэм къыщIатхыкIыжащ, пIащIэрыщIэу къызэрагъэпэща медицинэ IуэхущIапIэ псори зэхуащIыжащ.
Ухань къалэм сымаджэщу 86-рэ щыхухахат, абыхэм ирашалIэхэм щеIэзэну; тхьэмахуитIым къриубыдэу цIыху мин бжыгъэхэм ятещIыхьа сымаджэщитI щаухуат; выставкэхэр, спорт зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI пэшышхуэу 16 госпиталхэм хухахат. Зы махуэм къриубыдэу цIыху мин 60-м зэуэ щеIэзэну щIыпIэхэр яубзыхури, ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIи нэсу къызэрагъэпэщат.
«Узыфэр къызэтедгъэувыIэн тхузэфIэкIами, дяпэкIи абы дыхуэбэлэрыгъ хъунукъым», - къыхигъэщащ КНР-м и унафэщIым икIи цIыхухэр сакъыну къыхуриджащ.