Коррупцэм пэщIэтыныр Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ

КъБР-м и Правительст­вэм и Унэм щекIуэкIащ ди республикэм коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ лэ­жьыпхъэхэм ятеухуа семинар.

Абы хэтащ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм коррупцэм пэщIэтыным пыщIа Iуэ­хухэмкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн, абы и къуэдзэ Тюбеев Амырхъан, УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и къудамэм и унафэщI ­Махуэ Марьянэ, КъБР-м и прокуратурэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Жамырзэ Артур, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм коррупцэм пэщIэ­ты­ным пыщIа IуэхухэмкIэ и управленэм и чэнджэ­щэгъу Кошенбаевэ Танзиля, зыхуэфащэ минис­терс­т­­вэ­хэмрэ ведомствэхэмрэ, щIы­пIэ унафэхэр зезыгъа­кIуэ органхэм я лIыкIуэхэр.
Тату Къазбэч тепсэ­лъы­хьащ къэрал, муниципаль­нэ IуэхущIапIэхэм корупцэм щыпэщIэтынымкIэ къэув къалэн нэхъыщ­хьэ­хэм, ахэр гъэзэщIа хъун папщIэ УФ-м и хабзэ мардэхэр къэгъэсэбэпыным хэлъ къыхэщхьэхукIыныгъэхэм, апхуэдэу 2018 - 2020 гъэхэм Коррупцэм пэ­щIэтынымкIэ лъэпкъ пла­ным и Iуэхугъуэ нэ­хъыщ­хьэхэм. Экономикэ, жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советым и секретарым къигъэлъэгъуащ зы­­тепсэлъыхь Iуэхум егъэщIылIа зыхуэфащэ ­хабзэ мардэхэр республикэм зэрыщызэтеувар, ап­хуэ­дэу «Коррупцэм пэ­щIэ­тыныр» программэ къуэ­дзэр зэрыщагъэзащIэр.
А лэжьыгъэ дыдэр ­КъБР-м зэрыщекIуэкIыр зэпкъ­рыхауэ къигъэлъэ­гъуащ Нэгъуей Аслъэн.
Жамырзэ Артур зэрыжиIамкIэ, прокуратурэм и органхэм къыщIагъэщащ иужьрей зэманым законодательствэр ди деж 1538-рэ къызэрыщызэпаудар. Абы папщIэ жэуапым ира­­шэ­лIащ IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр езыхьэкI къу­лыкъущIэу 478-рэ. А къэпщытэныгъэм ипкъ иткIэ уголовнэ Iуэхухэр къы­зэIуахын папщIэ тхыгъэу 28-рэ следствием и органхэм хуагъэхьащ.
Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу ­«КъБР-м хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъунымкIэ, жылагъуэ хабзэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэм­рэ гъэбы­­дэнымкIэ щы­зэ­фIэ­гъэ­кIыпхъэхэр» къэрал программэм «Коррупцэм пэщIэтыныр» и программэ къуэдзэр гъэзэщIэнымкIэ зэфIагъэкIахэм тепсэ­лъыхьащ Тюбеев Амыр­хъан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ