Ди шагъдийхэр Бытырбыху щагъэлъагъуэШыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 12-м нэс Санкт-Петербург (Бытырбыху) къалэм щекIуэкIынущ Шыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, «Иппосфера-2018» фIащауэ. Илъэс къэс Урысейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм мы гъэм хэтщ шы 240-м нэс, шы лъэпкъ 30 къызэщIиубыдэу. КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм яйуэ абы екIуэлIащ «Шагъдий вагъуэбэ» зекIуэм хэта ших - республикэ къэс шы тIурытI. Зэхыхьэшхуэм и япэрей махуитIым къагъэлъэгъуащ Урысейм ис цIыхухэм адыгэшми адыгэ щэнхабзэми гулъытэшхуэ къызэрыхуащIыр. ФIыщIэ яхуэфащэщ, я лъэпкъэгъухэр ягъэгушхуэну, адыгэ фащэ ящыгъыу гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIа бытырбыху щIалэгъуалэми.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|