ВЕТЕРАНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩI

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

зэIущIэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав, абы и ­къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн, КъБР-м щыIэ ­МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI, милицэм и полковник Пыхъ МуIэед, Волгоград областым и Камышин къалэм и ОВД-м и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ Масимов Радим, ветеранхэр.
Хъуэхъу псалъэкIэ ветеранхэм захуигъэзащ Крючков Вячеслав. 
- Фэ фщыщ дэтхэнэми фIыщIэ хузощI къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэфщIым папщIэ. Къалэныр езыхьэкI ди лэжьакIуэхэм ящIыгъуу фэ жыджэру фыхэтщ хабзэхъумэ IэнатIэм пэрыувэнухэр къыхэхыным, зэщIыгъуу профилактикэ Iуэхухэр ивогъэкIуэкI, ди лэжьэгъу хэкIуэдахэм я унагъуэхэм защIывогъакъуэ, - къыхигъэщащ министрым. 
АдэкIэ нэхъыфIхэр ягъэлъэпIащ. Я лэжьакIуэхэр хэкупсэу гъэсэнымрэ ветеран зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымрэ хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Крючковым ветеранхэм яритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр. Илъэс куэд ­хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм Бахъсэн районым щиIэ къудамэм и Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, щIалэгъуалэр я IэщIагъэм хуе­гъэджэнымрэ хэкупсэу гъэсэнымрэ хуащI хэлъхьэныгъэм пап­щIэ Урысей МВД-м и ветеранхэм я урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъыр, апхуэдэуи «За заслуги» орденыр, «Хэкупсэ гъэсэныгъэм жыджэру зэрыхэтым», «Ветеран зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымрэ гъэбыдэнымрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалхэр иратащ ветеран зыбжанэм. 
Пыхъ МуIэед Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ зэрызыкъыщIагъакъуэм, къыхуа­щIа гулъытэм папщIэ икIи жиIащ адэкIи екIуу зэрызэдэлэжьэнур и фIэщ зэрыхъур. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.