АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

Санкт-Петербург щыщ археологхэм КъухьэпIэ Кавказым хы ФIыцIэмкIэ гъэза и псыхъуэ цIыкIухэм ящыщ зым зэрымыщIэкIэ зыщрихьэлIа испы унэжьу зэтракъутэну зыхунэмысам и лъабжьэм къыщIагъуэтащ домбеякъ лIэщIыгъуэхэм псэуа цIыхухэм я хьэдэкъупщхьэхэмрэ укъызэмыджэжыф тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытет мывэ джафэ хъуреймрэ. АбыкIэ хъыбар зэбгригъэхащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Материальнэ (Нэрылъагъу, Пкъы зыщIэт) щэнхабзэм и тхыдэмкIэ и институтым.

Зи гугъу тщIы мывэ хъурейр дунейм къыщытехьэжар ТIуапсы районым хыхьэ Агуий-Шапсыгъ къуажэм и Iэгъуэблагъэрщ. Мывэрэ пшахъуэ-ятIагъуэу зэхэлъ, метри 3 зи Iувагъ щIыр зэбгратхъуу къыщIагъэщыжа испы-унэ цIыкIум и кIуэцIым ар щIэлъащ. Тхыдэм и щIэин апхуэдэ хьэпшып лъапIэр, цIыху емыIусэу, ди лъэхъэнэм къызэрысар гъэщIэгъуэнщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, илъэс мини 4 ипэкIэ мы щIыпIэм щIыр щыхъеягъэнущ. Абы и фIыгъэщ испы-унэр щIэхъумауэ зэрыщытари, цIыху лъэмыIэсу къыщIызэтенари.

- Апхуэдэ къызэрыдэхъулIар гъэщIэгъуэнщ, - жеIэр археолог-тхыдэдж Трифонов Виктор. – ЩIытI лэжьыгъэхэр щедгъэкIуэкIым нэхъыбэу дызыщыгугъар зэман жыжьэм псэуа цIыхухэм я гъащIэм ехьэлIауэ дапщэщи дызрихьэлIэ хабзэ хьэпшып къызэрыгуэкIхэр къэдгъуэтынрат. АтIэми, нагъыщэ мыгурыIуэгъуэхэр зыпхыгъэмба мывэ пхъэбгъу хъурейр телъыджэщ. АрщхьэкIэ, дызыщымыгъуазэ лъэпкъым къызэринэкIа, алыфбей мыгурыIуэгъуэкIэ зэхэухуэна тхыпхъэщIыпхъэхэм къарыкIыр зэхэбгъэкIыну тыншкъым.

Тхыдэм и щIэин хьэпшыпым сантиметр 27-рэ и бгъуагъщ. Абы тещIыхьа нагъыщэхэм къарыкIыр зэхэгъэкIыным щIэныгъэлIхэр зэрыдихьэхари нэрылъагъущ.

- Дэ къызэрытлъытэмкIэ, языныкъуэ нагъыщэхэм дыгъэмрэ мазэмрэщ къарыкIыр, езы мывэ пхъэбгъури тхьэгурымагъуэ-гъуазэрыплъэ (астральнэ) хьэпшыпу щытагъэнущ, - къыпещэ и псалъэм Трифоновым. – Ар нэгъэсауэ гурыIуэгъуэ щыхъунур, тхыпхъэщIыпхъэ псоми деджэф хъуа иужькIэщ. Абы папщIэ, дэ къэдгъэсэбэпыну ди мурадщ мы щIыпIэр ижькIэрэ зи хэщIапIэ абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я бзэхэри.

ТIуапсы и Iэхэлъахэм археологие щIытIхэр щезыгъэкIуэкI гупым къахыхьат абдежым пэгъунэгъуу щыс Агуий-Шапсыгъ къуажэм дэс Махуэджэл (Мафагел) Дамир.

Абы зэрыжиIэмкIэ, Кхъуэлоухъуэ (Колихо) псы цIыкIур щежэх щIыпIэм къыщешха гъатхэ уэшхым гуилъэсыкIа щIы щхьэфэм и лъабжьэм къыщилъэгъуащ алъандэрэ щыIэми-щымыIэми зыхимыщIыкIа испы-унэ телъыджэ.

Ар зэхэзыха археологхэр а щIыпIэм нызэрыхьэсащ: хъунщIакIуэхэр зэмыIэба испы унэм ярихьэлIэныр археолог куэдым я хъуапсапIэщ.

Абы щыгъуэ а дольменым и кIуэцIым къыщIагъуэтат хьэдэкъупщхьэу 70-м нэблагъэ, зейуэ щытахэр цIыхухъу, бзылъхугъэ, сабийуэ. Углерод къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, дунейм ехыжахэм я хьэдэхэр а мывэ дум илъэс 500-м къриубыдэу «щIыщIалъхьэжащ» ди лъэхъэнэр (эрэр) къэунэхуным илъэс 2000 - 3000 и пэ къихуэу.

ЩIыпIэцIэм ехьэлIауэ

Агуий - аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абыкIэ блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ зи лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.

«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм а жыIэгъуэхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэращ кърагъэкIыр.

НэгъуэщI гуэрхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ.

Мыдрейхэм зэрагъэувымкIэ, щIыпIэцIэр «аIуей» (хьэIуей, розалия) къэкIыгъэм зэреджэм къытепщIыкIащ.

XIX лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геологием фIыуэ хэзыщIыкI тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере 1833-43 гъэхэм Кавказым зыщиплъыхьауэ щытащ. А зекIуэм триухуа и тхылъым узыщыхуэзэ «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу тенджызым хэлъэдэж псым ирипхырт икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжауэ щыта гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.