КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуагъэфэща Ткаченкэ Андрей мэлыжьыхьым и 6-м фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ ар щыпсэуа Налшык къалэм, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №45-м. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщI гъуазджэмкIэ егъэджакIуэ цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
1962 - 1973 гъэхэм Ткаченкэ Андрей щыпсэуа унэм деж щызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ сурэтыщI ныбжьыщIэ миным щIигъум я егъэджакIуэ, республикэм и щэнхабзэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм зи цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ хатха, республикэм и къуэ пажэм, художник цIэрыIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ.
Ткаченкэ Андрей 1924 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м Краснодар крайм хыхьэ Плоская станицэм къыщалъхуащ. «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, «Хэку зауэшхуэ» орденыр тIэунейрэ, «Кавказыр щхьэхуит къызэращIыжам папщIэ» медалхэр, «Хэку зауэшхуэ» медалым и ещанэ нагъыщэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ абы.
КъБР-м сурэтыщI гъуазджэмкIэ и япэ профессиональнэ егъэджакIуэм и гъэсэнщ республикэм и иджырей художник IэкIуэлъакIуэхэр. КъыжыIапхъэщ, абы щыщу 12-р ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием, пщIы бжыгъэхэр УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхагъэхьар, ахэр сурэтыщI, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ зэрыхъуар, я егъэджакIуэм и цIэр жыжьэ зэрыщагъэIуар.
Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Iэхъуэхъу Теймураз зэхыхьэр къыщызэIуихым и псалъэм къыхигъэщащ Ткаченкэ Андрей цIыху пэжу, гуапэу, егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытар.
- Курыт еджапIэхэр къызэхикIухьурэ сурэт щIыным зэфIэкI иIэу гу зылъитэ ныбжьыщIэхэр зэхуишэсурэ иригъаджэрт. И гъэсэнхэр иджы сурэтыщI цIэрыIуэ хъуахэщ. Я егъэджакIуэр ящыгъупщэркъым икIи куэдым я дежкIэ ар щапхъэщ, - жиIащ Iэхъуэхъум.
- Ткаченкэ Андрей и цIэр Налшык и уэрамым, сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм зэрахьэ. Сабийхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, ЩэнхабзэмкIэ министерствэм абы и цIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм папщIэ зэпеуэ гъэ къэс къызэрызэригъэпэщым псори фыщыгъуазэщ. Ар егъэджакIуэным къыхуигъэщIат! - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор жиIащ Ткаченкэ Андрей республикэр зэрыгушхуэ цIыхухэм зэращыщыр, абы и цIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ цIыхухэм ягу къагъэкIыжыху ар зэрыпсэунур.
Налшык къалэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа игу къигъэкIыжащ Андрейрэ абырэ зэрызэрыцIыхуар, зэныбжьэгъуу зэрыщытар, сабийхэр фIыуэ илъагъуу, езыми и гъэсэнхэм пщIэ къыхуащIу къызэрыгъуэгурыкIуар, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ абы дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщар.
- Ткаченкэ Андрей и ныбжьыр 1942 гъэм илъэс 18 щыхъум, Хэку зауэшхуэм езыр-езыру кIуат. ФIыуэ илъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр бийм къыIэщIахыжа нэужь, къулыкъу здищIэм уIэгъэ хъури, 1943 гъэм къигъэзэжащ! - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. - Академик, цIыхубэ художник дапщэ игъэса абы! ЕджапIэ нэхъыщхьэ куэдым яхузэфIэкIыркъым апхуэдэ!
ПэкIум хэтахэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ фэеплъ дапхъэр зыхрагъэубыда блыным деж.
Налшык къалэм и Сабий художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ къытеувыIащ Андрей и дуней тетыкIам, псалъэм папщIэ, и гъащIэкIи гуащIэкIи щытхъу къилэжьами, лейуэ абы тепсэлъыхьынIауэ фIэмыфIу, уеблэмэ укIытэу зэрыщытам.
Ткаченкэ Андрей и къуэ Александр фIыщIэ яхуищIащ и адэр илъэс 60-кIэ щыпсэуа унэм фэеплъ пхъэбгъу фIэзыдзэну къыхэзылъхьа республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым, пэкIум къекIуэлIахэм, псалъэ гуапэхэр хужызыIахэм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и члисэхэм я благочиннэ, протоиерей Бобылев Андрей, сурэтыщI Сурхайханов Ибрэхьим.
ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.